БлэкIам хоплъэж

ТхылъыщIэ

Республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм томитI хъууэ къыщыдэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр» лэжьыгъэр.

Япэ тхылъыр - «От созыва к созыву: история, люди» - топсэлъыхь Парламентым къикIуа гъуэгуанэм, хэхыгъуитхуми хэтахэм ялэжьам. Тхылъым ихуа сурэтхэмрэ хъыбархэмрэ щыгъуазэ уащI КъБР-м парламентаризмэм зэрызыщиужьа щIыкIэм.
ЕтIуанэ тхылъым - «Депутатхэр» - сурэт 350-рэ ихуащ (цIыхубэм хаха депутат псори къыщыгъэлъэгъуащ). Сурэтхэм елэжьащ тхылъ тедзапIэм и художник Щоджэн Жаннэ.
Тхылъыр 500 хъууэ къыдэкIащ.

Поделиться: