ЛIищ я пщIэ къылъос

КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы Iущым, лэжьакIуэ емызэшыжым, щIэ­ныгъэлI щыпкъэм псалъэ гуапэ ху­жыпIэну къилэжьыртэкъэ?! ИкIи ­хужаIащ, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэ­жьакIуэхэми, тхакIуэ-усакIуэ гъуэ­зэ­джэхэми, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэми, къызэрыгуэкI цIыхуу абы и гуащIэм ­дихьэххэми. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэд мэхъу ахэр, къэбгъэсэбэп мыхъуну ­щIагъуэ яхэмыту. Ауэ, газет напэ­кIуэцI­хэри кIэншэ-щIэншэкъым, аращ кIэщIу, IупщIу, илъэс зэхуэмыдэхэм къыхужаIа, къыхуагъэхьа хъуэхъу тхылъу щыIэхэм зыбжанэ къыхэтхыну мурад щIэтщIар. Фи пащхьэ идолъхьэ ахэр.

 

КIыщокъуэ Алим: - Адыгэ щэнхабзэм уэ хуэпщIар зыщымыгъупщэн Тхьэм дищI. Уэ пхуэдэлI ди лъахэм исыху, ди насып текIуэнщ, лъапэзэвыпIи дихуэнкъым.

КIэрашэ Тембот, Лъостэн Исуф, МэшбащIэ Исхьэкъ (Адыгэ хэку, 1978 гъэ): - Дэ фIыщIэшхуэ пхудощI уэ литературэм щызепхьа, щызепхьэ лIыгъэм щхьэкIэ. Иджыри куэдрэ, куэд дыдэрэ иреIу уи макъ лъэщыр! Уэ уи цIэкIи уи унагъуэм я цIэкIи бжьэ доIэт, щыIэм я нэхъыфIымкIэ дыпхуохъуахъуэ.

Мыд Хьэжмусэ: - Пьесэ куэд итхакъым КъардэнгъущIым. Ауэ и къалэмыпэм къыщIэкIар мащIэми я пщIэр, я щIыхьыр инщ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» фIэкIа нэгъуэщI имытхами, абы и цIэр фIыкIэ ди лъэпкъ драматургием, ди ­театр щэнхабзэм я тхыдэм къыхэнэнт.

Жанэ Къырымызэ (Адыгэ хэку, 1978 гъэ): - ЛIым и лейуэ, адыгэм я напэр зыгъэдахэу дэ, лъэпкъым, къэтлъытэу, Андемыркъан илъ зыщIэту ди Зырамыку, гъэ мин бжыгъэхэр бгъэщIэну дыпхуо­хъуахъуэ!

Шупашэ Джэудэт (Иордание): - Гуимы­хущ уэ уи Iуэху лъагэхэу, лъапIэхэу, гуа­пэхэу адыгэм яхуэпщIэр, яхуэпщIар. Зы цIыхум и дежкIэ куэдыIуэщ уэ уи къарум къитIасэр. Дэ абы фIыуэ дыщыгъуазэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуэ къэс нэкIэ ­долъагъу дэ ахэр, тхьэкIумэкIэ зэхыдох.

Щоджэн Ехья (Израиль, 1990 гъэ): - Си ныбжьэгъу лъапIэ КъардэнгъущI Зырамыку, адыгэ фIэхъус гуапэ узох! «Граммофония» жиIэу тету ди ады­гэжь­хэм я уэрэдыр зэрыту къысхуебгъэхьар къыс­Iэрыхьащ, Тхьэм уигъэпсэу… Тхьэм гуфIэгъуэ къуит, уи мурадхэр Тхьэм къуигъэ­хъулIэ.

Къущхьэ Догъэн (Тырку): - Зырамыку, уэ жыпIэ уэрэдыжьхэм дэ сыт щыгъуи ди гумрэ ди псэмрэ дыхьэу додаIэ. Сэ со­лъа­Iуэ апхуэдэ лэжьыгъэ езыхьэкI щIэ­ны­гъэлI­хэм адыгэ жылэхэр зэи хуэмыны­къуэну.

Нало Заур: - ЛIым сыт и пщIэр? - щыжаIэм, - «ЛIым хузэфIэкI  и пщIэщ», - къаж­риIат Къэзанокъуэ Жэбагъы. Къэ­бэрдейм зи псалъэ шэч къытрамыхьэжу щытар аракъэ? Жэбагъы жиIам теп­щIыхьмэ, КъардэнгъущIым лIищ я пщIэ къылъос: ди литературэм зылI и увыпIэ щеубыд, илэжьам мыхьэнэуэ иIэр къэплъытэмэ; уэрэд гъэIунымкIи цIэ­рыIуэ куэдым яхузэфIэмыгъэкIа зэфIигъэкIащ; щIэныгъэ IэнатIэу зыпэрытми лIы зэхъуэпсэн щилэжьащ.
Зырамыку махуэ къэс уэрамым ущыхуэзэу сэлам епх щыхъукIэ, уэ пхуэдэ къызэрыгуэкIыу къыпщохъу, укIэлъып­лъыжрэ уегупсысыжыпэмэ, щэджащэхэм зэращыщыр уолъагъу.

Бемырзэ Мухьэдин (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ): - Уэ уи макъ щабэ зэпIэзэрытым хузэхалъхьауэ фIэкIа пщIэнукъым, Зырамыку, дэтхэнэ адыгэ уэрэдыжьри. Уэ жыпIэу щIэдэIуа дэтхэнэри игъащIэкIэ яхьэху абыхэм.

Къэрмокъуэ Мухьэмэд: - ГъащIэ бо­рэнми щхьэ закъуэ гуауэми Зырамыку япигъэувыфащ жэщи махуи, щхьэхи псэхуи имыIэу адыгэ хэкум, и адыгэ лъэпкъым, и адыгэ культурэм хуэлэ­жьэ­ныр. Арауэ къызолъытэ и лъэр быдэ, и ­къарур мыужьых зыщIри.

Даур Аслъэн: - Щыпсалъэ къудейкIи Зырамыку и макъамэ музыкэ хуэмэбжьымэхэр хэлъщ… Адыгэ уэрэдыжьхэм я хъыбархэр къыщыжиIэкIэ, абы и макъым хэлъ художественностагъым узыIэпешэ, жиIэм елъытауэ и макъым хэлъ обертонхэр зэрехъуэкI, зэм зэпеш, зэми нэхъ еIэт, итIанэ кърешэхыжри, псалъэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ къызыкIэлъеутIыпщ… ЖыпIэнуракъэ, моуэ уи нэр уфIыцIи, къыпщыхъунущ адыгэ жьэгужьым упэ­рыс­рэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбар уезыгъэдаIуэ джэгуакIуэм убгъэдэсу…
Зырамыку мыхьэнэшхуэ ирет уэрэдым хэт псалъэхэм, зытеухуар къызэрыбгуригъэIуэным хущIокъу, и макъыр щихъуэжкIи псалъэхэр «зэрыдэмыкIуэдыкIыным» пылъщ.
Псом хуэмыдэжу Зырамыку нэхъ жиIэр гъыбзэхэрщ. Куэдым яхужыIэркъым ди гъыбзэжьхэр, зрапщытми, пэлъэщыркъым. Зырамыку къищIащ икIи зыхищIащ гъыбзэм и дахэри и купщIэри. Абы гъыбзэжь щыжиIэкIэ, къыпщохъу ар зытеу­хуам и гуауэр езым и гуауэу, уэрэдкIэ къытхуиIуэтэж къудей мыхъуу, гурэ псэкIэ иригумэщIу. Езым и гъыбзэ жыIэкIи иIэжщ Зырамыку: моуэ Iэдэбу, иримы­гу­за­вэу икIи уимыгъэгузавэу, гукIэ, псэкIэ жеIэ.

Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ