Сэлэт, партизан, милиционер хахуэ

ТекIуэныгъэ ИнкIэ иуха Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хахуагъэрэ лIыгъэрэ хэлъу нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу япэщIэтахэм ящыщщ Карагодин Николай Василий и къуэр.
Ар 1922 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къыщалъхуащ Саратов областым и Родничковскэ районым щыIэ Терновкэ къуажэм.
1937 гъэм Карагодинхэ я унагъуэр къэIэп­хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Тэрч ­районым ­щыIэ Акъбащ Ипщэ къуажэм, щып­сэуну а щIыпIэр къыхахри. Николай къуажэ школым ­ебгъуанэ классыр къыщиухри, Граждан ави­ацэмкIэ Тихорецк еджапIэм щIэтIысхьащ.
Хэку зауэшхуэм щIидзэри Карагодиныр Дзэ Плъыжьым ираджащ икIи Армавир авиацэ школым щеджэну ягъэкIуащ. АрщхьэкIэ, фашистхэр Кавказ Ищхъэрэм къызэрытегуплIам къыхэкIыу, ар къиухыну хунэсакъым. Къыдеджа куэдми хуэдэу, Карагодин къыщыхутащ 18-нэ артиллерие бригадэм танкым пэщIэт и 4-нэ дивизэм.
Украинэ щIыналъэм щыIэу абы къулыкъу щищIэ гупыр къаухъуреихьат. МэжэщIалIэу, уIэгъэ хъуауэ мэзым зэманышхуэкIэ къыщызыущыхьа сэлэт зыбжанэр яхуэзащ Черниговскэ областым щылажьэ партизанхэм.
Мис апхуэдэу яхыхьа хъуащ партизанхэм, икIи и къудамэм я унафэщIу, сыт щыгъуи щапхъэу зэуащ. Ар мызэ-мытIэу хэтащ бийм и гарнизонхэм яте­уахэм, гъущI гъуэгухэр, лъэмыжхэр къэзыгъэуахэм. А зэманым абы зэрихьа лIыгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ «Хэку зуэшхуэм и партизан» медалым и 2-нэ нагъыщэр.
1943 гъэм, партизан гупыр здэщыIэ щIыпIэр хуит къащIыжа иужькIэ, Карагодиныр зэуащ Дзэ Плъыжьым хэту. 1944 гъэм накъыгъэм и 12-13-хэм къатегуплIа бийхэр щэнейрэ къызэтригъэувыIащ, нэмыцэ сэлэт 30 иукIащ. А гъэм накъыгъэм и 18-м лIыгъэ зыхэлъ сэлэтым къыхуагъэфэщащ «И ха­хуагъэм папщIэ» медалыр, 1944 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 22-м - Вагъуэ Плъыжь орденыр.
Карагодин Николай и гъащIэм емыблэжу текIуэныгъэм хуэпабгъэу нэмыцэ фашистхэм япэщIэтт. 1944 гъэм и накъыгъэм, къыкIэлъыкIуэу бадзэуэгъуэм уIэгъэ хъуами, ахэр кIыжынуи хунэмысу взводым игъэзэжу щытащ унфэм щIэт зауэлIхэм я гъусэу бийм ебгъэрыкIуэн папщIэ.
Ар аргуэру уIэгъэ хъуащ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 10-м. Карагодинырщ япэу и взводыр метри 180-рэ лъагагъым дришейуэ бийм пэщIэувар. Абы и пIэм нэгъуэщI ирагъэувэху гупым унафэ яхуищIащ, къапэщыт дзэ къалэныр нэсу ягъэзэщIащ. 132-нэ фочауэ дивизэм и унафэкIэ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 15-м сержант Карагодиным къратащ ЩIыхьым и орденым и 3-нэ нагъыщэр. Хэку зауэшхуэр иухыху ар щыIащ зэуапIэ куэдым. Прагэ къалэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Николай и сэлэтхэр щIыгъуу япэу бийм и щIытIхэм ихьащ. А зауэм езым щикъутащ фашист пулемётыр. ЗауэлI къэмыланджэжым и дамыгъэхэм къахэхъуащ, абыхэм ящыщщ ЩIыхьым и орденым и 2-нэ нагъыщэр.
Сержант нэхъыжь Карагодин Николай Дзэ Плъыжьым къыхагъэкIыжащ 1946 гъэм. Япэ зэманым ар монтёр-контролёру щылэжьащ Акъбащ Ипщэ гидроэлектростанцым. 1950 гъэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэм уващ. Жэуаплыныгъэ хэлъу ар Къэбэрдей АССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и министерствэм и Милицэ управленэм и Тэрч район къудамэм гъуэгум зэрыщызекIуэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и инспектору щытащ. Илъэс зыбжанэ фIэкI а IэнатIэм пэрымытауэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органым къыхэкIыжын ­хуей хъуащ, лэжьакIуэхэр зэрагъэмащIэм къыхэкIыу. ИужькIэ ар щылэжьащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, и гуащIэ хилъхьащ лъахэу къилъытэ, щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм.
Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта, орден, медаль куэд зыхуагъэфэща, Кавказым щыщIэдзауэ Берлин нэс зауэ гъуэгуанэ гугъухэм ирикIуа Карагодин Николай щIэх-щIэхыурэ яхуэзэрт Тэрч милицэм и лэжьакIуэхэм, районым и школхэм щеджэхэм. Абы лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ къэкIуэнур зей щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным  теухуауэ.  

КъБР-м щыIэ МВД-м и ветеранхэу
 

Шипилов Валерэрэ Щоджэм Залымрэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу