Я нэIэ трагъэтщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Урысейм и сабийхэр - 2019» урысейпсо Iуэхур.

Абы хиубыдэу Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ профилактикэ рейд. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм, Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и ПДН-м, КъБР-м щыIэ УФСИН-м я лэжьакIуэхэр, Бахъсэн щIыпIэ администрацэм Балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и комисэм хэтхэр щыIащ я сабийхэм тэмэму кIэлъымыплъ, наркотикрэ акъылыр зыгъэутхъуэ лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ зэзызхьэлIэ е зыщэу щыта адэ-анэхэм, тутнакъэщым имысу суд тезырыр зыпшын балигъ мыхъуа сабий зыпIхэм я деж.
Лэжьыгъэр щрагъэкIуэкIым къапщытащ учётым щыт унагъуи 8, адэ-анэхэмрэ абыхэм я сабийхэмрэ епсэлъащ.
Мыпхуэдэ Iуэху щекIуэкIащ Аруан районым и къуажэ зыбжанэми.

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: