ЗэфIэкI зиIа цIыхут

Тхыдэм и архив дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссар къэрал шынагъуэншагъэм и майор Филатов Степан и унафэкIэ 1942 гъэм къэрал кIуэцI органхэм къыхагъэкIри 115-нэ шу дивизэм ягъэкIуащ Милицэм и курорт къудамэм и капитан КIумыхъу Хьэжмырзэ Бэчыр и къуэр.

Ар 1909 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м къыщалъхуащ Тэрч областым и Налшык округым хыхьэ Уэзрэдж къуажэм. ПэщIэдзэ школым и классиблыр, 1926 гъэм - Налшык къыщиухащ комсомол организацэм и секретархэр щагъэхьэзыр курсхэр. Хьэжмырзэ пIалъэ гуэркIэ (1929 гъ.) щылэжьащ Крупская Н.К. и цIэр зезыхьэ колхозым.
1929 - 1931 гъэхэм Дзэ Плъыжьым къулыкъур щрихьэкIащ, абы шухэр щагъасэ школыр къыщиухри, взводым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъуу ягъэуващ.
Дзэ къулыкъум къыхэкIыжу и лъахэм къэзыгъэзэжа щIалэм лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и ЦIыхубэ комиссариатым. 1931 гъэм къыщыщIэдзауэ 1941гъэм нэсыху абы IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпэрытащ.
Хэку зауэшхуэм щIидза иужь, КIумыхъу Хьэжмырзэ зэуапIэм кIуащ. И зауэ гъуэгуанэм и гугъу пщIымэ, 115-нэ шу дивизэм и 153-нэ полкым и эскадрон щхьэхуэм и унафэщIу щытащ (1941 гъ.), 115-нэ шу дивизэм и 316-нэ полкым и штабым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъуу (1941-1942 гъгъ.), 1942 гъэм СССР-м и НКВД-м и къудамэ щхьэхуэм и взводым и Iэтащхьэу Ипщэ фронтым, 1943-1945 гъэхэм 4-нэ Украин фронтым и 51-нэ армэм и «Смерш» контрразведкэм и къудамэм и коменданту щытащ.
КIумыхъу Хьэжмырзэ и къалэнхэр ирихьэкIащ лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу, псом хуэмыдэу хьэлъэт Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэр. ТIасхъэщIэххэм, диверсантхэмрэ епцIыжакIуэхэмрэ япэщIэтыныр зи къалэну щыта щIалэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ фашистхэр зэтракъутэу ТекIуэныгъэр къахьыным. Абы къигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ плъыжь орденитI, Хэку зауэшхуэм и орденым и 2-нэ нагъыщэр, «Сталинград зэрихъумам папщIэ» , «Кавказыр зэрихъумам папщIэ», «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалхэр.
И лъахэм къигъэзэжа иужь, КIумыхъу Хьэжмырзэ лэжьэн щыщIидзэжащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм. ИлъэсихкIэ абы зэпэщу ирихьэкIащ Налшык къалэм и милицэм и 1-нэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр, иужькIэ Къэбэрдей АССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и министерствэм ягъэкIуащ.
Хьэжмырзэ щхьэх зымыщIэ цIыхут, захуагъэм сыт щыгъуи и телъхьэт. Абы папщIэ республикэм и къарузехьэ IуэхущIапIэхэм пщIэ къыщыхуащIырт.
Илъэс куэдкIэ хабзэр гъэбыдэным ехьэлIа IэнатIэм хьэлэлу икIи псэемыблэжу зэрыпэрытам папщIэ, абы Вагъуэ Плъыжь орденыр, «Зэрихьа лIыгъэхэм папщIэ» медалыр къратащ.
И узыншагъэр зэрыпэмылъэщыжым къыхэкIыу милицэм и майор КIумыхъур 1951 гъэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къыхэкIыжащ. Арщ­хьэкIэ ветераным иджыри илъэс куэдкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ къытщIэхъуэ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэлъхьэным теухуауэ.

 

Бахъсэн Азэмэт.
Поделиться: