Лъэпкъым и бын бгъэсэнумэ

Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэ­лажьэ зэщхьэгъусэхэу Шал Хъусенрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ хэт зымы­цIыхур?! Хъусен и адыгэ уэрэдхэр, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ жиIэ­хэр цIыхубэм дзапэ яхуэхъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. ФатIимэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум роль пщIы бжыгъэхэр щигъэзэщIащи, дэтхэнэри гукъинэжщ. Абы къыдэкIуэу, щэнхабзэ пшыхьхэр дахэу, щIэ­щыгъуэу ирегъэкIуэкIри, утыкум а бзылъхугъэ цIыкIур къызэрихьэу къы­зэ­хуэсахэм я гукъыдэжыр къеIэт.

Прохладнэ районым къыщызэрагъэ­пэща Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу Хъусен зэрагъэуврэ куэд щIакъым. Я лэжьыгъэр иджыри убла мыхъуами, мурадхэр и куэдщ абы. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм, абы и къудамэхэм я лэжьэкIэ, я Iуэху зехьэкIэ сыкIэлъыплъу, къызэрысщыгугъ псори лъэпкъым хуэсщIэну сыхущIэкъунущ, - жеIэ Хъусен. - Сабийхэм я деж щегъэ­жьапхъэу къызолъытэ Iуэхур. Ди бзэр, ди хабзэр абыхэм егъэщIэным, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуегъэщIыным ипэ ибгъэщ хъун къалэн диIэу сщIэркъым».
Гуныкъуэгъуэшхуэу иджыпсту псоми диIэщ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ хэдэу зыхуей къыхах хъуну къэрал унафэ зэрыщыIэм. Абы ехьэлIауэ иIэ гупсысэм дыщыщIэупщIэм, и щхьэр течауэ жиIащ Шалым: «Адэ-анэм акъыл ямыIэмэ, абы зыри пхуещIэнукъым. Сабийр дунейм къытехьа иужь, ар къэзылъхуахэм я къалэнщ нэхъ зыхуэфIыр къагъуэту абы зэрызрагъэужьыным, зэрагъэбэгъуэным яужь итыну. Мыгупсысэу урысыбзэр анэдэлъхубзэ зыщIыну балигъым акъыл иIэкъым, атIэ дауэ езым бгъэдэмылъ и сабийм зэрыритынур?»
Шал Хъусенрэ ФатIимэрэ я къуэ Сослъэн мы гъэм япэ классым кIуащ. ЩIалэ цIыкIур Прохладнэ къалэм дэт урыс школщ зратар, ауэ щыхъукIэ абы и унафэщI Никитин Андрей бзитIым хигъэ­дэн Iуэху зэрихуакъым, адыгэ сабийуэ классым щIэс цIыху 11-м я адэ-анэр щыадыгэкIэ адыгэбзэ еджэн хуейуэ къилъытэри. Си гуапэ дыдэ хъуащ мы Iуэху бгъэдыхьэкIэр, иджы етIуанэу срохьэлIэ апхуэдэ.
Хэкупсэу щIэблэр къэгъэхъунымкIэ хэ­кIыпIэфIхэр зэрыщыIэр къыхегъэщ Хъусен. Псалъэм и хьэтыркIэ, жып телефон зымыIыгъ щыIэкъым. Шалым псори къы­хуреджэ я лъэпкъ дамыгъэхэр зытет, я унэцIэр зытетха тебзэ абыхэм хуащIыну, абы адыгэпсэр къызэригъэушынуми шэч къытрихьэркъым. Апхуэдэ дыдэу къэбгъэсэбэп хъунущ паспорт телъхьэхэр, хъыджэбзхэм зэрызагъэдахэ хьэпшып­хэр, нэгъуэщIхэри. «Апхуэдэ мащIэхэмкIэ ешэлIа хъумэ, адэкIэ къафэщ, уэрэдщ, бзэщ, нэгъуэщI къинэмыщIщ. Нэхъ ба­лигъ хъумэ, я щIэныгъэм, гупсысэм зэ­рыхагъэхъуэн яужь итынущ, гъэсэныгъэ яхэлърэ къызыхэкIар ягъэлъапIэу зэрып­сэунум шэч къытесхьэркъым. Бзэр лъапIэныгъэшхуэщ дунейм адыгэу тетыр дызэрыщIэнымкIэ. Иджыпсту интернетыр куэдым яубми, ар сэбэпышхуэ мэхъу ди лъэпкъэгъухэр зэпыщIа хъунымкIэ. А Iэмалыр къэбгъэсэбэпыну ущIыхуейм ­теухуащ и сэбэп-зэраныр, сэкIэ щIакхъуэ зэпыбупщIи лей ирызэрепхьи зэрыхъум хуэдэу. Интернетым и фIыгъэщ ди адэ-анэхэм ди тхыдэм теухуауэ нэхъыбэ зэ­ращIэр. Апхуэдэуи си гуапэ мэхъу фащэ нэхъ щатIагъэ, джэгухэм куэду щIалэ­гъуалэр къыщыфэ зэрыхъуар. Сэ сощIэж ахэр щымащIэ дыдэу щыта зэманыр».
И гуапэу Хъусен топсэлъыхь къэфэным, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэным хуэзы­гъасэхэр дызэриIэм, адыгэ хабзэм и ­лъагъуэм ди щIэблэр тезышэхэр къызэ­рытхэтым. Уи гур къызэщIиIэтэу къыхегъэщ иджыпсту хуэдэ зэманыфI, Iэмал нэхъыбэ ди лъэпкъым зэримыIар.
Щытхъу къэзылэжь зэщхьэгъусэхэм я гугъу щыпщIкIэ, плъэмыкIыу уогупсыс: цIыху зэчиифIэу тIу щызэрихьэлIэм и деж ахэр зы къару гуэрым имыгъэунэхуу пIэрэ, я зэфIэкIыр, я дахагъэр, зыхуэла­жьэ IуэхуфIыр тIукIэ игъэбэгъуэну? Куэд зэ­зыгъэзахуэ щIалэ кIэщIущ цIыкIур и ­адэ-анэм я лъагъуэм ирикIуэнри зыхуэIуа щыIэкъым.
- Зи бын щызыгъэкIынухэм ящыщщ къысхужаIэнри хэлъщ, ауэ езы сабийм и псэм фIэфIрауэ къысщохъу зытезгъэ­щIэнур. Артист сыхъуну сыхуейщ жиIэрэ, афэрым, си гуапэщ, сфIэфIщ. Хьэуэ, къысхуэгъэгъу, сызыхуейр нэгъуэщIщ, жиIэрэ - ари дэсIыгъынущ. НасыпыфIэ зы­щIын къыхихауэ слъагъунращ си дежкIэ нэхъыфIыр. Ауэ, и бын щот­хъуж къысхужывмыIэ, иджыпсту здынэсам (япэ классым мы гъэм кIуауэ аращ) и анэм нэхъри нэхъ артистщ, сэ нэхърэ мынэхъ Iейуи макъамэр къыхуоубыд. Псори фIэгъэщIэгъуэнщ, псори зыщIешэ, адэкIэ къищIыкIынур Тхьэм ещIэ.
Хъусенрэ ФатIимэрэ я лэжьыгъэ ­хъуэпсэгъуэм и хъер ялъагъуу, я къуэ цIыкIу Сослъэн и гуфIэгъуэ хэмыкIыу псэуну дохъуэхъу. Афэрым, Шалхэ!!!

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: