Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм я IэнатIэхэм хиубыдэ и организацэхэм я Iуэхутхьэбзэ къызэгъэпэщыкIэхэм я фIагъыр къызэрапщытам кърикIуахэм ятеухуауэ фIэкIыпIэ имыIэу ягъэхьэзыра отчет зэIухам и IуэхукIэ

2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм я IэнатIэхэм хиубыдэ организацэхэм я Iуэхутхьэбзэ къызэгъэпэщыкIэхэм я фIагъыр къызэрапщытам кърикIуахэм ятеухуауэ фIэкIыпIэ имыIэу ягъэхьэзыра отчет зэIухам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыхилъхьам, хэплъауэ, «Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и лIыкIуэ (законхэр къэзыщтэ), гъэзэщIакIуэ органхэр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 26 (3-2)-нэ статьям и 4-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. ИщхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа отчетыр къэлъытэн.

2. Мы Унафэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ яхуегъэхьын.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм накъыгъэм и 26-м

 №515-П-П

 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэтынур къэщтэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэтынухэм я Iыхьэ щанэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым зэриубзыху Хабзэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым 2018 гъэм накъыгъэм и 24-м къыдигъэкIа Унафэ №871-П-П-мкIэ къищтам, и 10-нэ пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламеным унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэтыну къэщтэн Улаков Махти Зейтун и къуэр - «Социалист Iуэху еплъыкIэ зиIэ урысей щIэныгъэлIхэр» Урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэ.

2. Мы Унафэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хуегъэхьын.

3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм накъыгъэм и 26-м

№516-П-П

Поделиться: