ФIым хуаущий

Муслъымэнхэм я дин IуэхущапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анджелэ щыIащ Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулы­къум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м.

Дин лэжьакIуэр яхуэзащ икIи иущийуэ епсэлъащ пIалъэкIэ жылагъуэм пэIэщIэ хъуа цIыхухэм. Апхуэдэуи Амщыкъуэ Анджелэ колонием и библиотекэм иритащ ислъам диным теухуа тхылъхэр.
ЗэIущIэр екIуэкIащ Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ УФСИН-м и щIыналъэ IуэхущIапIэмрэ федеральнэ грант ахъшэмкIэ пхагъэкI «Исламская реинтеграция заключенных» Iуэхум хыхьэу.
Мы колонием щекIуэкIащ шахматымкIэ зэпеуэ.
- Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр сэбэпщ икIи Iэмал имыIэу дызыхуейщ тезырыр зыпшыныжхэм ядедгъэкIуэкI гъэсэныгъэм кърикIуэр нэрылъагъуу ефIэкIуэнымкIэ. Мы спорт лIэужьыгъуэр къапщтэмэ, акъылым зрегъэужь, гъащIэ узыншэр яхэпщэнымкIэ щхьэпэщ, - къыхигъэщащ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Бий Хьэфисэт.
 

КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: