Гугъуехьхэм цIыхубэр зэкъуегъэувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Каз­бек дыгъуасэ ­хэтащ Урысейм Нэ­гъуэщI къэрал ­Iуэ­ху­хэмкIэ и минис­терствэм Уры­сей Федерацэм и щIыналъэ Iэтащхьэхэм я советым дэ­лажьэм и зэIущIэм. Ар иригъэ­кIуэкIащ УФ-м къэ­рал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей.

ЗэIущIэр нэхъыщхьэу зытеу­хуауэ щытар щIыналъэхэр граждан жы­лагъуэ IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэрщ. Лавров Сергей жиIащ: «Фэ фолъагъу США-мрэ абы и телъхьэхэмрэ Урысейр сыт и лъэныкъуэкIи къызэрырагъэкIуэтыну Iэмал псори къызэрагъэсэбэпыр – экономикэм зэран хуэхъу санкцэхэм къыщыщIэдзауэ Интернетыр я тегъэщIапIэу ­хъыбар нэпцIхэр зэрыхаутIыпщхьэм щыщIэкIыжу. ­Къу­хьэпIэм и къэрал куэдыр урыс лъэпкъым бий къы­хуащIащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щытыкIэр правительствэхэми даIыгъ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэш­хуэ иIэщ Путин Владимир иубзыхуа политикэмкIэ цIыхубэр зэрыарэзыр, абы и унафэр Урысейм и политикэ къару ­нэхъыщхьэхэми жылагъуэ, хьэрычэт зэгухьэныгъэхэми къызэрыдаIыгъыр. Къэралым щызэкъуоувэ ­къару узыншэхэр, хэкупсэхэр».
Советым и лэжьыгъэм теухуауэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым щетх: «Советыр 2003 гъэм къызэрагъэпэщащ, сэ абы 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ сыхэтщ. Урысейм и МИД-м епха советым и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар УФ-м и щIыналъэхэр нэхъ жыджэру икIи купщIафIэу Урысей Федерацэм и Iуэхухэм хэгъэтынырщ. Ди жагъуэгъу къэралхэр иджыпсту зи ужь итыр ди цIыхубэр зэрызэ­къуачынырщ. Урысейм къызэрыпэщIэувэ Iуэхухэм ящыщщ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и тхыдэр зэрыхуейуэ къызэрыратхыкIыжыр, Совет Союзымрэ абы щыпсэуа лъэпкъхэмрэ фашизмэм зэрытекIуар хагъэгъуэщэну зэрыхэтыр. Санкцэ и лъэныкъуэкIи къэралым къы­зэ­рымыкIуэу къытра­къузэ. А псом емылъытауэ, нобэ урысейм и цIыхубэр зэкъуэуващ ди Президент Путин Владимир и Iуэхур даIыгъыу».
«Къэралым и Iэтащхьэм и унафэхэр цIыхубэм даIыгъ икIи КъухьэпIэм ди къэралым къыпигъэув Iуэху ­мы­хъумыщIэхэм Урысейр щыхъумэныр къалэн нэхъыщ­хьэ хъуащ», - дыщIегъу КIуэкIуэ Казбек и тхыгъэм.

Поделиться: