ХьэрычэтыщIэхэм гъуэгу ират

ХьэрычэтыщIэхэм я махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек еблэгъащ Республикэм хьэ­рычэт Iуэхухэм зыщегъэужьынымкIэ и центрым.

2019 гъэм зэфIаха лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщауэ щыта IуэхущIапIэр «зы щхьэгъубжэм» (абдеж ды­дэм псори щызэфIэкIыу) хабзэм тету мэлажьэ. Хьэрычэт Iуэху зезыхуэхэм мыбы щагъуэт я лэжьыгъэм епха чэнджэщхэр, къыщIагъэкI хьэпшыпхэр ящэну хуит хъун папщIэ, сертификатхэр ­зэ­рызэрагъэпэщыну щIыкIэр къыщащIэ, хьэпшыпхэр хэIущIыIу зэращIыну щIы­кIэм зыщрагъасэ, бизнес-планхэр щагъэхьэзыр. «Ди лэжьыгъэм и мардэ ­нэхъыщхьэр дэтхэнэ цIыхуми гуапэу ды­хущытынырщ, щхьэж зыхуейр хуэт­щIэнырщ», - жаIэ IуэхущIапIэм и лэ­жьа­кIуэхэм.
КIуэкIуэ Казбек Центрым къекIуалIэ хьэрычэтыщIэ щIалэхэм ядэуэршэращ. Абыхэм Iэтащхьэр щыгъуазэ ящIащ я Iуэху еплъыкIэм. ТэмакъкIыхьу псоми едэIуа КIуэкIуэ Казбек IэщIагъэлIхэм ­къыхалъхьа гупыж зыбжанэ ядиIыгъри, ахэр ягъэзэщIэну Экономикэ зыужьы­ныгъэмкIэ министерствэм и пщэ дилъхьащ. ЖэрдэмыщIэхэм ящыщт, псалъэм папщIэ, инфраструктурэм зыщIэгъэкъуэныр. Республикэм и УнафэщIыр зэреплъымкIэ, ар Центрым зыхуигъэувыжыпхъэ къалэнхэм хэгъэхьэн хуейщ. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ республикэм туристхэр къешэлIа зэрыхъуну щIыкIэми, псом хуэмыдэу «Налшык» ­курортым зиужьын папщIэ ягъэзэщIапхъэ мастер-планым. Апхуэдэуи къыхагъэщащ республикэм маркетологхэр - хьэп­шыпхэр хэIущIыIу зыщIхэр - сыт хуэдэ зэмани къазэремэщIэкIыр. А IэщIагъэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ езыт еджапIэхэм щыхурагъэджэ зэрыхъунур къыхалъ­хьащ.
КIуэкIуэ Казбек хьэрычэтыщIэхэм я ­махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. «Мы щIалэ­хэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм, абыхэм ди щIы­налъэр едгъэфIэкIуарэт зэрыжаIэм куэд елъытащ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Нобэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къыщалъхуа щIыпIэм щылажьэ хьэрычэтыщIэхэм ­гъуэгу етыным. Къалэ администрацэхэм ялъэкI къагъанэ хъунукъым абыхэм зы­щIагъэкъуэн папщIэ».
ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ хьэрычэт Iуэху зезыхуэ IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ ику итхэмрэ кредит етынымкIэ фондым и мылъкур хэгъэхъуэн зэрыхуейм. Абы те­кIуэ­дэну ахъшэр республикэм и бюджетым хагъэкIми хъунущ. 2021 гъэм Фондым итащ щIыхуэу 166-рэ, псори зэхэту сом мелуан 70-м нэс. КъБР-м и ШэсыпIэ фондыр зэгурыIуэныгъэ 40-м и щыхьэту къэуващ, банк кредиту сом мелуан 280-рэ хьэрычэтыщIэхэм иратын папщIэ. Фондыр ядэIэпыкъуащ сом мелардым щIигъу банкхэм къыIахынымкIэ.
«Центрыр зэлэжь унэтIыныгъэхэм язщ экспортым зегъэубгъуныр. 2021 гъэм и кIуэцIкIэ дунейпсо щэхуапIэхэм республикэм щылажьэ IуэхущIапIэ 44-м я хьэп­шыпхэр щагъэлъэгъуащ, IуэхущIапIэ 14-м зэгурыIуэныгъэхэр экспорт IуэхукIэ ящIащ, республикэм щыщ IуэхущIапIитху къалъытащ илъэсым и кIуэцIкIэ экспорт IуэхукIэ нэхъыфI дыдэу», - къыхигъэщащ Центрым и унафэщI Дыду Мадинэ.
Урысейм санкцхэр къыщращIылIа зэманым хьэрычэт Iуэху зепхуэну зэрыгу­гъум къызэхуэсахэр щытепсэлъыхьым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ абы емылъытауэ, УФ-м и Правительствэм хьэрычэтыщIэ­хэм къарит Iэмалхэр къэгъэсэбэпын зэ­рыхуейм. КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ щIыналъэм и экономикэр зыхуэныкъуэ лъэныкъуэхэм зрагъэужьын папщIэ, къэралым ящигъэпсынщIэ псоми хьэрычэтыщIэхэр щы­гъуазэ щIын зэрыхуейм теухуауэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м ХьэрычэтыщIэхэм защIэгъэ­къуэ­нымкIэ центрым и унафэщI Дыду Мадинэ, ЗыужьыныгъэмкIэ корпорацэм и унафэщI Чочаев Ахъмэт, КъБР-м и Шэ­сыпIэ фондым и унафэщI Бечелов Залым, Хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинхэмрэ ику итхэмрэ кредит етынымкIэ фондым и унафэщI Мечиев Камиль, КъБР-м и бизнес-инкубаторым и унафэщI Тхьэбысым Аскэр, КъБР-м и ИнновацэхэмкIэ и цент­рым и унафэщI Шестирублёв Сергей сымэ.

Поделиться: