УIэгъэ хъуа сэлэтхэм Путин Владимир яхуэзащ

УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей ­Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ, Мандрыкэ П. В. и цIэр зезыхьэ, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм щеIэзэ госпиталь нэхъыщхьэм щыIащ. Къэ­рал уна­фэщIым щIыгъуащ УФ-м зыхъумэ­жыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым щыжиIэжащ УФ-м и Президентымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу дзэм ­къулыкъу щызыщIэ, госпиталым зи узынша­-гъэр щызэфIэзыгъэувэж щIалэмрэ зэрызэпсэ-   лъар.
«Дзэм къулыкъу щызыщIэ щIалэхэу Путин Владимир зыхуэзахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ сэлэт. Дмитрий тIасхъэщIэхщ, Iуэхугъуэ щхьэ­хуэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм ­зауэ къалэныр щигъэзащIэу ар уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. ЩIалэм Пре­зидентым зыхуигъэзащ ­уIэгъэ игъуэтам емылъы­тауэ адэкIи дзэм къу­лыкъу щищIэну хуит ищIыну елъэIуу. Дэ дрогушхуэ ди сэлэтхэм! ФIыщIэ яхудощI абыхэм я адэ-анэхэм», - щыжеIэ КъБР-м и ­Iэтащхьэм и тхыгъэм.
«ЯIэ е къыхуагъэфэщэну дамыгъэхэм емы­лъы­тауэ, ахэр Урысейм, Донбассым и цIыху­хэмрэ ­сабийхэмрэ папщIэ зи узыншагъэкIэ, зи гъащIэкIэ шэсыпIэ ихьэ цIыхущ. Ахэр псори ­лIыхъужьщ! Аращ зэрыщыт дыдэр: дэтхэнэри и гъащIэр а Iуэхум ­хилъхьэнкIэ зэрыхъунур къыгурыIуэу и къалэным пэрытщ. ИкIи абы къы­хэкIыуи лIыхъужьым хуэдэу абыхэм дахущытын хуейщ», - щыжиIащ Путин ­Владимир УФ-м и Къэрал Советым и Прези­диумым и зэIущIэм.

Поделиться: