«Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахынущ сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэнымрэ апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центр

Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэхуащ «Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектыр 2019 гъэм къриубыдэу щагъэзэщIэну щIыналъэхэм. Абы папщIэ республикэм къыхуаутIыпщащ сом мелуан 213-м щIигъу. А ахъшэр хухахынущ сабий зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэнымрэ апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ центр Налшык къалэм къыщызэIухыным.

Центрыр щытынущ илъэс хъурейм къриубыдэу цIыкIухэм «ЩIэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт» унэтIыныгъэхэмкIэ щадэлэжьэну щIыпIэу, абы егъэджэныгъэр, IэщIагъэм хуэгъэсэнымрэ хьэрычэт лэжьыгъэмрэ щызэгъэуIуауэ икIи школакIуэхэр олимпиадэхэм хуэгъэхьэзырын Iуэхум зегъэужьыным хуэгъэпсауэ.
Проектыр зыгъэзэщIэнухэм ящыщщ мы лэжьыгъэр методикэ и лъэныкъуэкIэ зыунэтIыну, Сочэ дэт «Сириус» центрыр, апхуэдэуи Бауман Н. и цIэр зезыхьэ МГТУ-м, МФТИ-м, Бэрбэч Хь. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м я щIэныгъэлIхэр.
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Налшык къалэм и администрацэмрэ пщэрылъ щащIащ, УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам сабий зэчиифIэхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ щыубзыхуа къалэнхэр гъэзэщIэныр и лъабжьэу, Налшык къалэм и сабий лагерхэм ящыщ зым юнармейцхэм зыщагъэсэн «Хэкупсэ» дзэ-хэкупсэ парк къыщызэгъэпэщыныр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: