Махуэшхуэм екIуу зыхуагъэхьэзыр

Ди щIыналъэм хыхьэ щIы­пIэ, къалэ, жылэ псоми мы зэманым ухуэныгъэ щхьэпэхэр, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэфIхэр щокIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралы­гъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу нэр ­игъэгуфIэу «зыкърихынущ» абы и къалащхьэ Налшыки. 

Махуэшхуэм, зэрихабзэу, екIуу, зэщIэкъуауэ, дахэу IущIэным хуэгъэпсащ къалащхьэм иджыпсту жыджэру щекIуэкI лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр. Мы илъэсым къриу­быдэу Налшык къыщызэIуа­хынущ абы щыпсэухэм, и хьэщIэхэм зыгъэпсэхупIэ тынш яхуэхъуну къалэ жыг хадэ цIыкIуу блы. А скверхэр ухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм я зэхуэдитIым нэсыр зэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ. Лъэс лъа­гъуэхэр ягъэбелджылащ, язы­ныкъуэ гъуэгу цIыкIухэм плиткэ екIухэр тралъхьэжащ. 
ЗыгъэпсэхупIэ хадэ цIыкIу­-хэр щаухуэ Налшык и щIыпIэ псоми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хьэзыр хъунущ дызэрыт илъэсым и шыщхьэуIум и пэщIэдзэхэм. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, скверхэр щаухуэну щIыпIэхэр езы къалэдэсхэм къыхахыжа­-уэ щытащ, абы теухуауэ нэгъабэ ирагъэкIуэкIа IэIэтым ипкъ иткIэ. https://07.gorodsreda.ru Интернет сайтымкIэ мы махуэхэм къыщыхах етIанэгъэ зэпэщ ящIыну я мурад щIы­пIэхэр. Абы хэтыну Iэмал яIэщ налшыкдэс псоми.

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: