Марие и сурэт телъыджэхэр

Налшык и «Малахитовая шкатулка» арт-салоным щагъэлъагъуэ Москва щыпсэуа, илъэс зыбжанэ ипэкIэ ди республикэм къэIэпхъуэжа, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, альпинисткэ Загорская Марие и лэжьыгъэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ещанэу Марие и сурэтхэр зэрыщагъэлъагъуэр. Выставкэр и жэрдэмщ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.

Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Загорская Марие иужьрей илъэсым къриубыдэу ищIа сурэтхэр. Ахэр нэхъыбэу зытриухуар цIыхубз насыпырщ.

Выставкэм ирагъэхьэлIащ Марие и усэхэмрэ Iуэтэжхэмрэ щызэхуэхьэса «Бусины» тхылъыщIэр. Загорскэм ар и ещанэ тхылъщ. И щхьэгъусэ Михаил пшыхьым гитарэкIэ щигъэзэщIащ Марие и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр.

Налшык щхьэусыгъуэ гуэркIэ къэкIуэн хуей хъуащ Марие: шы спортымкIэ паралимп зэгухьэныгъэм зэрыхэтым къыхэкIыу, нэхъапэIуэкIэ пIалъэ кIыхькIэ Москва ибгынэртэкъым», ауэ и щхьэгъусэ Михаил Налшык къэIэпхъуэн хуей хъуати, фэтэр къащтауэ щIэсщ. ПсэупIэр къыщыхахым нэхъыбэу зытращIыхьар щхьэгъубжэм укъыдэплъым дахагъэм Iуплъэну зэрыхуейрт, сурэтыщIым, усакIуэм я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщи.

- ПщIыхьэпIэ щхъуэкIэплъыкIэхэр си нэгу щIокI. Ахэр сигу изоубыдэри, тхылъымпIэм щызощI, - жеIэ Загорскэм.

СурэтыщI Аккизовэ Имарэ и псалъэм къыхигъэщащ пIалъэкIэ зэпыуа нэужь, арт-салоным и лэжьыгъэр зэраублэжыр, щIэх-щIэхыурэ выставкэ щIэщыгъуэхэр икIи гъэщIэгъуэнхэр зэрыщекIуэкIынур.

Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ куэд щIауэ ицIыху Марие гъуазджэмкIэ иIэ зэфIэкIыр зэрыгъэщIэгъуэныщэр, ар щIэ куэдым зэрытегушхуэр.

Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.
Поделиться: