Дызэрыпсалъэр адыгэбзэу пIэрэ?

Бзэм и псэр хэкIын щыщIидзэр

Дигу къэдгъэкIыжынщ анэдэлъхубзэм кIуэдын зэрыщIидзэ щIыкIэр. Япэр сабий IыгъыпIэхэм, пэщIэдзэ курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щрамыгъащIэмэщ. ЕтIуанэр ар уэрамхэм, лэжьапIэхэм щызэрамыхьэжмэщ. Ещанэр анэдэлъхубзэр унагъуэм къыщамыгъэсэбэпыж щыхъуращ.

Абыхэм еплIанэу иджыри зы Iуэхугъуэ хэгъэхъуэжамэ хъунут. Ари «бдзэжьейр и щхьэмкIэ фын щIедзэ» зэрыжаIэу къэралыгъуэм и Iэтащхьэм, къулыкъущIэхэм, еджагъэшхуэхэм, адэ-анэхэм я анэдэлъхубзэр къафIэмыIуэхужмэщ. Лъэпкъым и цIыху пажэхэм лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIкIэ я анэдэлъхубзэр къамыгъэсэбэпмэ абыкIэ езыхэр щIэблэщIэм щапхъэфI яхуэмыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIыр сытым иригъуэзэну, хэт игъэгушхуэну?

Иджыпсту зи гугъу тщIыну дызыхуейр, анэдэлъхубзэр зейуэ, сэр нэхъыфIу адыгэбзэр зыщIэ щыIэкъым жызыIэхэм, апхуэдэу къызыфIэщIыж куэдым ямыщIэххэу ар зэраIэщIэхуращ.

 

ЦIыхубэм япэ дыдэ яфIэкIуэдыр мазэцIэхэрщ

Анэдэлъхубзэр лъэпкъым зэрыIэщIэхур япэ дыдэу къызэрыпщIэр мазэцIэхэр зэрызэрамыхьэжырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бзэм япэ дыдэ хэкIуэдыкIыр ахэращ. МазэцIэхэр зи бзэкIэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэкъым. Дэ адыгэхэр а мащIэм дащыщщ. АрщхьэкIэ, алыджхэм, урымхэм фIаща мазэцIэхэр дэри къыттокIуэри, дыдейхэр тIэщIохур. Ауэ абы иджыри удэгъуэгурыкIуэнт, а зым и закъуэтэмэ, анэдэлъхубзэр махэ мыхъуу къыддекIуэкIынт.

АдэкIэ махуэцIэхэр яIэщIокI

«Адыгэбзэ чистэкIэ» жыпIэмэ, «понедельникым на работэ дыкIуэнщи, воскресеньем отдыхать тщIынщ», псэлъэкIэм махуэцIэхэр ягъэкIуэд.  УмыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым апхуэдэу щIыжаIэр. Нэрылъагъукъэ блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт, тхьэмахуэ жыIэкIэр зэрынэхътыншыр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы къагъэлъагъуэр анэдэлъхубзэр зэрытIэщIэхурщ. Ауэ абыкIи дигу дгъэкIуэд хъунукъым, сыту жыпIэмэ, махуэцIэ тIэкIуми и закъуэ бзэм ягъэшхуэ иригъэкIыфынукъым, адрейхэм дахуэсэкъамэ.  

 

НэхъыкIэжыр бжыгъэцIэхэр щыпIэщIэхуарщ

Бзэм ягъэшхуэ ирегъэкI бжыгъэцIэхэр щаIэщIэхум деж, ахэр куэд дыдэрэ къагъэсэбэпын хуей зэрыхъум къыхэкIыу. БжыгъэцIэхэр пщыкIутIкъым (мазэцIэхэм хуэдэу) е блыкъым (махуэцIэхэм хуэдэу) зэрыхъур, атIэ мелардхэм носыр. Абы къыхэкIкIэ бжыгъэцIэ зимыIэж бзэр дамэ зимыIэж бзу хуэдэу мэхъур. Анэдэлъхубзэм кIуэдын зэрыщIидзэхэм ящыщщ бжыгъэцIэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мымащIэу дыхуозэ дахэкIейуэ адыгэбзэкIэ псэлъэфу, ауэ бжыгъэцIэр имыщIэу. Шэч хэлъкъым: мащIэу гугъу зрагъэхьмэ, ахэр тыншу зэрыжаIэфынум. БжыгъэцIэхэр тIэщIэхумэ, абы бзэм мыкIыжын уIэгъэшхуэ къытринэнум къищынэмыщIауэ, илъэс мин бжыгъэкIэ лъэпкъым къыдекIуэкIар ди деж щиухыну напэм къыпхуегъэкIукъым.

Пэжщ, тIощIым тещIыхьа пасэрей адыгэбзэ бжэкIэр гугъут, ар иджыпсту къекIужыркъым. Сыту жыпIэмэ нобэрей гъащIэр псынщIэу йокIуэкIыр. Абы и хуабжьагъым зыдомыгъэкIумэ, уакъыкIэрыхунущ е уи бжэкIэри бжыгъэцIэхэри пIэщIигъэхупэнущ.

Девгъэгупсысыт зэ, псалъэм папщIэ, зыгуэрым телефонкIэ уопсалъэри, 798 76 54 номерыр ибогъэтх. Пасэрей адыгэ бжэкIэмкIэ зэрыжыпIэну щытар: щиблрэ тIощIиплIрэ пщыкIуийрэ тIощIищрэ пщыкIухрэ, тIощIитIрэ пщыкIуплIрэ. А телефон номерыр зыжепIэм ар гурыIуэгъуэу итхыфын папщIэ езыр-езыру хьисэп хилъхьэжын хуей мэхъур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгей жыIэкIэм иджыри абыкIэ зиужьакъым. Абы къыхэкIкIэ бжыгъэцIэхэр абыхэм нэхъ щIэхыу яIэщIэхуащ. Ауэ къэбэрдейхэм адыгэ бжэкIэр, бжыгъэцIэхэр щIызрамыхьэн, зыщIыщагъэгъупщэн щхьэусыгъуэ щыIэххэкъым. Иджырей къэбэрдей бжэкIэмкIэ ар зэрыжыпIэнур: щиблрэ бгъущIрэ и блыщIрэ хы тхущIрэ плIы. Ар урыс бжэкIэми ефIэкIыу си гугъэщ.

Маржэ, дыхуэвгъэсакъ адыгэ бжыгъэцIэхэр зэдгъэщIэным. Дызэвгъэплъыжыт, дэтхэнэ зыри дызэрыпсалъэр адыгэбзэу пIэрэ, хьэмэрэ апхуэдэу къытфIэщIу ара?

Хъуажь Фахъри.
Поделиться:

Читать также: