Зауэм теухуа пэжхэр

*   *   *

Гитлер и бий нэхъыщхьэу къилъытэр Сталинтэкъым, атIэ Левитан Юрийт. Диктор цIэрыIуэм и щхьэр къыхуэзыхьым маркэ мин 250-рэ иритыну жиIэрт зэрыпхъуакIуэм. Сталиным ар ищIэрти, Левитан ягъэпщкIурт, икIи дикторым и шыфэлIы­- фэм теухуауэ хъыбар нэпцIхэр ягъэIуурэ, бийм Iэрагъэхьакъым.

*   *   *

1942 гъэм Гитлер унафэ ищIат Сталинград IэпапIэ къыхамы­нэу зэтракъутэну. Илъэс ны­къуэ дэкIауэ, совет правительствэм щекIуэкIа зэ­IущIэм къыщаIэтащ Ста­лин­град зыри къы­зэ­рыхэмынэ­жар, къэбгъэ­щIэ­рэ­щIэжынкIи Iэмал зэримыIэр. Сталиным ищIэрт Гитлер и унафэри, абы и нэхейкIэ къалэр «яжьэм къыхаIэ­ты­кIы­жы­ну», щIэ­ры­щIэу яухуэ­жыну ­триухуащ. Сталинград апхуэдизкIэ бомбэ куэд щра­дзыхати, къалэр зэ­рыпхъуа­кIуэ­хэм къы­Iэ­щIа­гъэ­кIыжа нэ­ужь, иджыри илъэситIкIэ зы ­удзыпэ къы­щы­кIа­къым.

*   *   *

И къуэ Джугашвили Яков ­фашистхэм гъэр ящIри, фельд­маршал ПаулюскIэ къахъуэ­жыну арэзыуэ къыщыхуаIуэ­хум, Сталиным: «Сэ сэлэтыр фельдмаршалкIэ схъуэжыркъым!» - жиIэри, идауэ щытакъым. Абы къыщымынэу, Яков и унагъуэр лъахэм ирыригъэшащ: «Гъэру зезыгъэубыдахэм я унагъуэр ираш, Яков си къуэ щхьэкIэ, хабзэм себэкъуэнукъым», - жиIэри.

*   *   *

1943 гъэм фокIадэм и 1-м Сталинград зэхэуэм пулемётчик Нурадилов Ханпаша фашист 920-рэ щиукIащ. 

Зауэ нэужьым илъэс 17-кIэ текIуэныгъэр ягъэлъэпIакъым, зыгъэпсэхугъуэ махуэуи щытакъым. Махуэшхуэр гъэлъэпIэн зэрыхуейр къыщыхалъхьар 1965 гъэращ. Тхыдэджхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Совет властыр куэд зи нэгу щIэкIа ­ветеранхэм щышынэу арат. Ауэ ягъэхъыбарыр нэгъуэщIт -  зауэр зыщагъэгъупщауэ, я къарур зэрыщыту къэралыр къэIэтыжыным хуаунэтIауэ жаIэрт. 

*   *   *

Хэку зауэшхуэм хэта совет офицерхэм ящыщу мин 80-р цIыхубзт. 1941 гъэм накъыгъэм и 13-м Гитлер унафэ къы­дигъэкIащ СССР-р зэрыпхъуэным теухуа «Барбаросса» планыр щагъэзащIэкIэ нэмыцэ сэлэтхэм сыт хуэдэ щIэп­хъаджагъэ ялэжьами, абыкIэ жэуап зэрырамыгъэхьынум ­теухуауэ.

*   *   *

ЦIыхухэм ящIыгъуу, Хэку зауэшхуэм хьэ мин 60 хэтащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ танк 300 къагъэуащ, хъыбар мин 200 зэIэпахащ, зауэ губгъуэм сэлэт мин 700 кърахащ, щIыпIэ 303-м шэкъэуэж кърахащ, километр зэбгъузэнатIэ мин 15,2-рэ щIащыкIащ.

 

*   *   *

Зауэр къыщыхъеям, Кремлыр махуэ 30-кIэ «бзэхауэ» ­щытащ. Фашист кхъухьлъатэзехуэхэм я картэм итыр ямы­гъуэту къэуIэбжьат, Совет Союзым и унэ нэхъыщхьэр ягъуэттэкъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кремлым и чэщанэхэм тет ­вагъуэхэр - хъыдан фIыцIэкIэ, Манеж утымрэ Александровскэ жыг хадэмрэ пхъэбгъукIэ щIахъумат, куполхэр лэч фIыцIэкIэ ялат, блынхэмрэ унащхьэмрэ щхъуэ-гъуабжафэ ящIат, блыным екIуэкIыу метри 3 хъууэ унэ нэпцI зыбжанэ ­щаухуат. Мавзолейр къатищ хъуат, Лениным и хьэдэр Тю­мень ягъэIэпхъуат, Боровицкэ куэбжэхэм къыщыщIэдзауэ Спасскэм нэс пшахъуэ тракIутат, гъуэгум ещхьу. А псом Кремлыр къыхэпцIыхукIыртэкъым. 

 

*   *   *

Хэку зауэшхуэм ди дзэм хэту махъшэ 350-рэ «зэуащ». Ахэр Астрахэнь щIыналъэм къыщаубыдурэ Сталинград къашэрт, автомашинэрэ шырэ яхурикъуртэкъыми. Псэущхьэхэм я ­нэхъыбэр зауэм хэкIуэдащ, къелахэр зоопаркхэм иратыжащ, ауэ «ЯшкэкIэ» зэджэу щыта махъшэр совет сэлэтхэм ящIы­гъуу Берлин нэсауэ щытащ.  
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: