Балъкъэр Аслъэнбий и гъуэгуанэ гугъухэр

Ди Хэкум и дежкIэ накъыгъэр къызэрыгуэкI мазэкъым. Абы хеубыдэ ар зи щхьэ хущытыж къэрал хуит щыхъужа, 1939 - 1945 гъэхэм екIуэкIа ЕтIуанэ дунейпсо ­зауэм и Iыхьэ нэхъ ин дыдэу къалъытэ Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэ ИнымкIэ щиуха махуэр. Совет лъэхъэнэм диIа псэукIэмрэ цIыхухэм яку дэ­лъа зэхущытыкIэмрэ иджы­рейхэм куэдкIэ къащхьэ­щыкI­ми, зызымыхъуэжу къэна Iуэху­гъуэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр зэрыкъэралу дап­щэщи Iэтауэ зэрыдгъэлъапIэр. 

А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ хужьыр фIыцIэм, фIыр бзаджэм, мамырыгъэр зауэм зэрытекIуам и нэщэнэу. Апхуэдэу ар цIыхубэм я гум ­къинащ зэи имыхужын махуэу, лIыхъужьыгъэрэ щIыхьрэ зы­пылъу. Зи Iыхьлыхэм ящыщ ­зауэшхуэм и губгъуэхэм икIуэдахэм ягухэр екъуз, атIэми я щхьэр лъагэу ялъагъуж къэралым ТекIуэныгъэ къыхуэ­хьы­ным абыхэми я Iыхьэ зэры­-халъ­хьам щхьэкIэ, я гъащIэ ­ды­дэри щхьэузыхь хуащIу. Я унагъуэ икIахэр псэууэ къы­зы­хуэкIуэжауэ щытахэм накъыгъэм и 9-м епха гукъэкIыжхэр я куэдщи, абыхэмкIэ зэдогуашэ, ахэр зытеухуа я нэхъыжьхэр яхуэмыпсэужми. Апхуэдэхэм ящыщщ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм щыщ Балъкъэрхэ. Унагъуэм нэхъы­жьу яIа Балъкъэр Аслъэнбий Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъа­гъуэу хэта совет цIыху мелуанхэм ящыщащ. 
МэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуа Аслъэнбий сабиигъуэ тынш иIакъым. Зи адэр пасэу зыщхьэщыукIуриикIа бынунэм яшэчащ гъащIэм и гугъу­ехь псори. ИлъэсипщI ныбжьым щитым къыщыщIэдзауэ Аслъэнбий лIыщIэн щIидзащ. Жэпуэгъуэ революцэ иным ижь къащIихуу, ди щIыналъэм совет властыр щагъэува нэ­ужьщ ди цIыхухэр пщылIыным и бжьым къыщыщIэкIар. Ап­хуэдэ нэплъэжыгъуэ зыгъуэтахэм ящыщащ Балъкъэрри. 
Я къуажэм дэт пэщIэдзэ школым щеджа нэужь, 1928 гъэм щIалэщIэр щIэтIысхьащ Налшык дэта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ). 1931 гъэм ар нэхъыфIхэм ящыщу, ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухри, дзэм ираджащ Хэкум къулыкъу хуищIэну. А къалэныр щIыхь пылъу зэфIигъэкIа нэужь, коммунист Балъкъэр Аслъэнбий щIыналъэм къигъэзэжащ икIи ВКП (б)-м и Бахъсэн райкомым, иужькIэ партым и обкомым я къудамэхэм я пашэу лэжьащ. Апхуэдэу лэжьащ Бахъсэн МТС-м и унафэщIым и къуэ­дзэу. 
Хэку зауэшхуэр къэхъейри, 1941 гъэм и бжьыхьэм Балъкъэрыр фронтым Iухьащ. Ар хэтащ Кавказ Ищхъэрэр бийм къыIэщIэхыжыным хуэзэуахэм. Аслъэнбий зыхэта советыдзэращ 1942 гъэм нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм Тэрч деж ­щапэщIэувэу ахэр Кавказым и щIыбагъ нэзымыгъэсар. 
1943 гъэм и пэщIэдзэхэм КавказщIыб фронтым и дзэхэм ­ебгъэрыкIуэныгъэр яублащ. ЛIы­гъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу ­совет сэлэтхэм бийр ирагъэ­кIуэтыжащ, Кавказ щIыналъэ­ри хуит къащIыжащ. 37-нэ дзэм хэтт лейтенант Балъкъэр Аслъэнбий, 1-нэ батальоным и ­политагитаторыр. Мэлыжьыхь мазэм и кIэхэм къыщыщIэ­дзауэ ар хэтащ Кърым щIы­-пIэр, Краснодар крайр бийм къыIэщIэхыжыным, фронтыр адэкIэ гъэкIуэтэным хуэзэуа дзэхэм. А зэзауэ гуащIэхэм хэту, Аслъэнбий уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ икIи зэман кIыхькIэ зигъэхъужащ. 
УIэгъэщым къыщIэкIыжа нэужь, Балъкъэрыр ягъэкIуащ командирхэм я зэфIэкIыр ­щрагъэфIакIуэ курсхэм. Ар ­къиухри, зи пашэ ящIа ротэр щIыгъуу аргуэру фронтым Iухьэжащ. Аслъэнбий и зауэ ­гъуэгуанэм щыпищащ Украинэм. ИужькIэ ар нэсащ Белоруссием, Румынием, Болгарием, Югославием, Венгрием. А щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм Балъкъэрыр иджыри тIэуней­-рэ уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. И лъэ зэрихьэ зэрыхъужу, фронтым Iуувэжырт ар, лъэIу тхылъ итхыурэ. 
Апхуэдэ зауэ гъуэгуанэ кIыхь, Кавказым къыщыщIэдзауэ Венгрием нэс, зэпичащ Балъкъэр Аслъэнбий, лIыгъэрэ ха­хуагъэрэ къыкъуэкIыу. Щалъ­хуа щIыналъэм къигъэзэжу и адэжь пщIантIэм ар къы­щы­дыхьэжар зауэр иухыу илъэси дэкIыжауэщ. ЗауэлI хахуэм и бгъэгум щылыдырт «Вагъуэ Плъыжь» орденыр, медаль зыбжанэ. Унэм абы къыщежьэрт и унагъуэ дахэр.
Къыхэдгъэщынщи, Аслъэнбийрэ и щхьэгъусэ Шэризэтрэ (ар Мыдхэ япхъут) ЛУГ-м щы­зэрыцIыхури, 1932 гъэм уна­гъуэ хъуауэ щытащ. Шэризэт илъэс куэдкIэ школым щы­лэжьащ, пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу. И лэжьыгъэ­- фIым къыпэкIуащ дамыгъэхэр, ­щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Адыгэ хабзэ дахэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэр быныфIэ ­хъуат. Аслъэнбий зауэм щы­кIуэм Шэризэт къыхуэнат бынищ, IэплIэтеси яхэту: Тамарэ, Рае, Борис. Зауэ нэужьым ­къалъхужащ Юрэ, Хьэсэнбий, Руслан сымэ. ХъыджэбзитIымрэ щIалиплIымрэ зэщ­хьэгъусэхэм зэдапIащ лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету, ­гъащIэм къапигъэтIылъ лъэпощхьэпохэм щымышынэу, щIэ­ныгъэ нэхур я плъапIэу. Адэ-анэм быным ящыщ дэтхэнэми ирагъэгъуэтыфащ щIэ­ныгъэрэ IэщIагъэрэ. И анэм и лъэужьым ирикIуа Тамарэ илъэс куэдкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытащ, щIыхьрэ пщIэрэ иIэу. Рае ­дэрбзэр Iэзэу щытащ. Борис КъБР-м и хабзэхъумэ IэнатIэм къулыкъу щищIащ. Юрэ «Трудовой горец» колхозым и агроному лэжьащ. Хьэсэнбий дзэ къулыкъум къыхэкIыжа полковникщ. Руслан техникэ щIэныгъэхэм я докторщ, КъБКъМУ-м и профессорщ. Зэанэкъилъху­хэм ящыщ дэтхэнэми гъащIэ гъуазэу яIащ я нэхъыжьыфIхэр. 
Балъкъэрым и щапхъэм тету щхьэмыгъазэу Хэку зауэшхуэм хэтащ Кыщпэк жылэм щыщ цIыху 263-рэ. Абыхэм ящыщу 177-м я щхьэр щагъэтIылъащ а зауэ гуащIэм и губгъуэхэм. Балъ­къэр Аслъэнбий хуэдэу зи унагъуэхэм псэууэ къахуэкIуэжахэр еш ямыщIэу щылэжьащ къуажэм щызэхэта хозяйст­-вэм, я къару псори бийм зэтрикъута гъащIэр зэтегъэувэ­жы­ным ирахьэлIэу. 
Зэрыбынихым я адэ гумащIэ Аслъэнбий 1981 гъэм дунейм ехыжащ. Шэризэт и щхьэгъу­сэм кIэлъыпсэужащ илъэс 12-кIэ. ЛIыхъужьу Хэку зауэшхуэм хэта адыгэлI хахуэ Балъкъэр Аслъэнбийрэ егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэ IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъа­гъуэу лэжьа абы и щхьэгъусэ Шэризэтрэ я фэеплъхэр сакъыу яхъумэ къащIэна бынхэмрэ абыхэм къащIэхъуа щIэ­блэ дахэмрэ. А нэхъы­жьыфI­­хэм я гъащIэ купщIафIэр абы­хэм ноби я гъуэгугъэлъа­гъуэщ. 
 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: