Хэкурыс адыгэхэм я щIыхуэ ттелъщ

Дэ дыщыхэхэсым, хэкум къыщыдэкI тхылъ­хэм ящыщу мащIэт къытIэрыхьэр. Тхылъхэр зэпэт­лъытыну, тхакIуэхэр зэд­гъэпщэну, лэ­жьы­гъэхэм я нэхъы­фIыр къыхэтхыну Iэмал диIакъым. ­Арами, къытIэрыхьэ тхылъ мащIэм зауэ мэхъа­джэм къиша тхьэ­мыщкIагъэр, Те­кIуэ­ныгъэшхуэм цIы­ху­хэм къахилъхьа гуш­хуэныгъэр куэду къа­зэрыхэщыр ды­мы­гъэщIэгъуэн тлъэкI­ыртэкъым. Хьэ­уэ, Совет Союзым и хэгъэгум и мызакъуэу, дунейр фашистхэм зэрыщахъумар дамыгъэджауэ, дымыщIэу щыттэкъым. Ауэ, итIани, тIэкIу ирамыгъэлейуэ пIэрэ жыдагъэIэрт…
Ди усакIуэ-тхакIуэхэм зэрырамыгъэлеяр хэкум къыщызгъэзэжаращ къы­щызгурыIуар. Уи хэкуу щытми, узы­пэIэщIэ щIыналъэм къыщыхъу тхьэ­мыщкIагъэхэм теухуа тхыгъэхэм уеджэнымрэ мафIэм хэтахэм, абы и уIэгъэ ноби зытелъхэм я нэгум уиплъэн, я нэпсхэр къафIекIуэу, я макъхэр кIэзызу фызабэхэм къаIуэтэжхэм уедэIуэнымрэ сыту зэхуэмыдэрэ!
Ей, хэкурыс адыгэ! Уи лъабжьэр сытуи быдэт! Сыту IуэхущIафэфIхэр уиIа! Уи лъабжьэр быдэ дыдэу щымытамэ, пшэчахэм дауэрэ укъелынт? Дауэ Хэкур тхуэпхъумэнт, республикэхэр зибгъэIэн плъэкIынт?
Уэ хэкурыс  адыгэу  гушхуэ  зыкIуэцIылъ! ТхьэмыщкIагъэхэм зебгъэпIытIакъым, гъэри зебгъэщIакъым. Пщы­гъуп­ща­къым зыри, ауэ икIи узэплъэкI зэпытакъым… ИпэкIэ уплъащ: усэхэр, романхэр птхащ, уэрэдхэр зэхэплъхьащ, IуэрыIуатэр къэбугъуеижащ, нарт хъыбархэр зэхуэпхьэсыжащ, лъэпкъым ухуэпсэуныр япэ ибгъэщащ. Хэкур къыщоджэми, абы и хъумакIуэхэм уаде­жьащ. Зэхэкуэгъу-зэмылъэпкъэгъухэр зы анэ къилъхуа зэкъуэшым хуэдэу бийм фыпэувыфащ. Фашист мэхъа­джэм къэралри дунейри щыфхъумащ. Уи псэм уеблэжакъым. ЛIыхъужьхэм яужь зыкъибнакъым, лIыхъужьыцIэри къэблэжьащ…
Хэхэс лъэпкъэгъури IэщIыб пщIакъым. Анэм и быдзышэ яIумыхуауэ зэрыкъарууншэм, зэрыщхьэхуимытым гу лъыптащ, абыхэм ящыщу Iумпэм укъэзыщIахэми уемы­пагэ­кIын пхузэ­фIэкIащ. Хэкур зэрылъапсэм, лъапсэм узэрисым гугъэзэгъэгъуэ хэбгъуэтащ. Уи гухэлъхэр Урысейм и унафэщIхэм ялъэб­гъэIэсыфащ, къагурыбгъэIуэфащ. Хэхэс къуэшхэм уи Iэр яхуэп­шиящ, къеб­ гъэблэгъэжащ, уи гур яху­зэIухауэ хэкур ябгъэгъуэтыжащ.
Хэкурыс адыгэу лъапIэ! Дэ хэхэсхэм, хэхэсахэм сытуи куэд ттелъ уи щIыхуэу. Ди насыпым къихьыну пIэрэ абы и зы Iыхьэ нэхъ мыхъуми пхуэтщIэжыфыну? ЗэрытлъэкIкIэ къэпкIуа гъуэгуанэм щыгъуазэ зыдощI, уи хьэлъэр, гуузыр бдыдоIэт, гуфIэгъуэр бдыдогуэш. Мис, нобэ сахэтщ уэрамхэм темыхуэу ирикIуэ цIыхухэм, ди къэралым и ТекIуэныгъэ иным ирихьэлIэу иужьрей илъэс зыбжанэм ирагъэкIуэкI полк уахътыншэм. Ауэ къызохьэлъэкI, си гур ехуз, сроукIытэ Хэкур ихъумэурэ зи псэр зыта си адэжь, си анэжь, си адэм и адэ къуэш, и адэ шыпхъу, ди унэкъуэщ гуэрым и сурэт Iэтауэ зэрызмыIыгъым. ЕрагъкIэ цIыхухэм садобакъуэ, садэхъуркъым. УкIытэм гъэр сищIащи, сыкъыIэщIэкIын слъэкIыркъым. Хуэмурэ полкым сыкъыхокI, гъуэгубгъум сыIуоувэри сахоплъэ. Си цIыхугъэ гуэр щыслъагъукIэ, си Iэр яхузощI, сэлам есхыу, си нэплъэгъуэр псынщIэу изогъэзэкI.
Ауэрэ, мис, полк уахътыншэм хэт ди унэкъуэщ бзылъхугъэр къызолъагъу. Езыми сыкъецIыхуж, къызожалIэ… Езым и адэжь, сэ си унэкъуэщ, илъэсищэ къэзыгъэщIа лIышхуэм и сурэтыр нэхъ лъагэу къеIэт… Си гур зы тIэкIукIэ мэзагъэ… Иджы нэхъ хуиту собауэ… Ауэ сытегушхуэркъым сыбгъэдэувэн, согъэкIуэтэж, гупым яхокIуэдэж…
Уэрамым зэрытемыгъахуэ полк уахъ­тыншэм сыхоплъэ, си нэхэр мэплъыз, гуузым нэхърэ нэхъыбэу гуфIэгъуэм къыщIихуа нэпсыр си нэкIущхьэхэм къытолъадэ…­

МэшхуэфI Нэждэт.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу