ЛIыгъэм и нагъыщэ

Ди адэр абы зэреджэр Ванят. Дэри, десэжауэ, абыкIэ деджэрт, апхуэдэ хуитыныгъэ къыздитхам демыгупсысу.

Ваня Петербург щыпсэут. Ди адэмрэ абырэ Хэку Зауэшхуэм зэдыхэтат.

Ваня илъэс къэс жыхуаIэм хуэдэу ди деж къакIуэрт. Махуэ зыбжанэкIэ щыIэнти, и псэр дэзыхьэх ди щIыналъэм къыхуеплъэкIыжу кIуэжынт. ИужькIэ дэ дыпэплъэрт къыкIэлъыкIуэ гъэмахуэр къэсу Ваня аргуэру къыщыкIуэнум.

Ди адэр ноби си нэгу щIэтщ Ваня хуригъэхьыну пхъэщхьэмыщхьэр игъэхьэзыру, ар зыдилъхьа ашык цIыкIум и щхьэр сакъыу триIулIэжрэ абы тритхэм куэдрэ елIалIэу. А Iуэхум ди адэм гухэхъуэшхуэ къызэрыритыр нэрылъагъут. Апхуэдэу илъэс куэд екIуэкIащ. Иджы Ваня жьы зэрыхъуам гу лъыттэрт, ди адэри абы зэрыхуэдэм дригъэгупсысу.

Сымэджауэ къыщIэкIынт, Ваня, зэпигъэури, илъэс зытIукIэ ди деж къэкIуакъым, ауэ зы гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым ар, хьэлъэу зэрыбауэр плъагъуу, ди пщIантIэм къыдыхьащ. Ваня къызэрыкIуэнур ди адэм имыщIагъэнри хэлът. Ар апхуэдизу гуфIати, пщIантIэкум джэрэзу къинат. Я натIэр зэгъэкъуауэ а тIур зыкъомрэ утыкум итащ, итIанэ, гу лъыдамыгъэтэну хэту, я нэпсыр щIалъэщIыкIащ. Иджы Ваня ди деж зэрыщыIар махуищ къудейщ. Пщэдей хуэдэм ежьэжыну, ар бжьэпэм тет тетIысхьэпIэм тест, зэм псыежэхым хэплъэу, зэми и пащхьэ къит бгы задэр щIэзыхъума мэз Iувым и нэр тедиеу.

Абы щэху цIыкIуу сыбгъурытIысхьащ, и гупсысэхэм къыхэзмышын мурад сиIэу, арщхьэкIэ занщIэу гу къыслъитащ, уеблэм къыспэплъауэ къысщыхъуащ. Ваня и жыпым зыгуэр кърихащ, и Iэгум ирикъузэу. «Мы нагъыщэр къызатауэ щытащ зэхэуэ гуащIэм щызесхьа лIыгъэм щхьэкIэ, – жиIащ абы, и Iэгур зэтрихыурэ. – А зэхэуэм сэ ажалым сыкъыщригъэлащ уи адэм, абдеж къыщытхьа текIуэныгъэр нэхъыбэу зи фIыщIэри арат».

ЕтIуанэ махуэм Ваня кIуэжащ, иужь дыдэу псоми IэплIэ къытхуищIыжри. Нэсыжри, махуэ зыбжанэ псэужауэ аращ. Зыкъом дэкIыжауэщ Ваня сигъэлъэгъуауэ щыта нагъыщэр ди адэм и нагъыщэхэм къазэрыхилъхьам гу щылъыттар…

Ацкъан Руслан.
Поделиться:

Читать также: