ТхакIуэхэм я гущIагъщIэлъхэр

 Дуней псом зрагъэхъуэжыну хэти хуейщ, ауэ зыри егупсысыркъым езым зэрызихъуэжыпхъэм.
Толстой Лев.
Сытми хунэсыр, зыщIыпIи мыпIащIэрщ.
Булгаков Михаил.
Зы щIэблэм адрейр толъкъуным хуэдэу «къытолъадэ», нэхъыщхьэращи, зым-зым теухуауэ зыри ящIэркъым.
Тютчев Федор.
Сыт хуэдэ къэралми и щIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыпIэ щапIам хуэдэщ.
Сталь де Жерменэ.
Нэхъыжьхэр ямылъытэнымрэ щIалэгъуалэр фIыуэ ямылъагъунымрэ зэхуэдэ насыпыншагъэщ.
Моруа Андре.
ЩIалэгъуэм къелым, гъащIэ къыпоплъэ.
Бейтыгъуэн Сэфарбий.

Жьыр щIэм щIеущиер езым ещхьу щимыгъэуэну аркъудеймэ, лейуэ иремыгузавэ: щIэм жьым емыщхь щыуэкIэ иIэжщ.
Бейтыгъуэн Сэфарбий.
    Зигу Iей илъым хущхъуэ къуитамэ - икIут! Цыху Iущым щхъухь къуитамэ - ефэ!
Хайям Омар.
 НэхъапэIуэкIэ щIалэгъуалэм я упщIэм естыну жэуапым гугъу сригъэхьу щытамэ, иджы ахэр зыщIэупщIэр къызгурыIуэххэркъым.
Раневская Фаинэ.

ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ