«Дыдейхэм дакъуэтщ»

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм «Дыдейхэм дакъуэтщ» зыфIаща сурэт гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI Iуэхухэм зэрителъхьэр къагъэлъагъуэу. Япэу сурэт гъэлъэгъуэныгъэм еблэгъащ Дзэлыкъуэкъуажэ школ №1-м и класс нэхъыжьхэм щеджэхэр. Музейм и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт хутепсэлъыхьащ гъэлъэгъуэныгъэм и мыхьэнэм, Урысейм и Президент Путин Владимир Донбасс и цIыхухэм къащхьэщыжын, ди къэралыр ихъумэн папщIэ иригъэкIуэкI Iуэхухэм.
Зауэм, лэжьыгъэм, дзэ узэдахэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэу Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэм и унафэщI Бэрэгъун Арсен жиIащ ди сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ лIыгъэ зэрахэлъыр, ахэр къимыкIуэтыну, я узыншагъэмрэ къарумрэ зыпэрыт псэзэпылъхьэпIэм хурикъуну хъуэхъуащ. 
НыбжьыщIэхэр сурэт гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ #ZаРоссию #ZаПутина #Zанаших #Своихнебросаем къыхуеджэныгъэхэр зытетха тхылъымпIэ напэхэр яIыгъыу. 
 

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: