НОБЭ

Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
Япониемрэ Корее Ипщэмрэ щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр
Белоруссием Печатым и махуэр щагъэлъапIэ
Австрием щрагъэкIуэкI залымыгъэмрэ расизмэмрэ япэщIэтыным и махуэм хуэгъэпса Iуэхухэр
Къыргъызым и Конституцэм и махуэщ

1836 гъэм Европэм щыяпэ дыдэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ.
1912 гъэм «Правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
1945 гъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ Прагэ зыкъыщаIэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухэм.
1945 гъэм советыдзэхэм Даниемрэ Нидерландхэмрэ хуит къащIыжащ.
1949 гъэм Лондон Iэ щытрадзащ Европэм и Советым и уставым.
1912 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир.
1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ.
1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Апышэ Абрэдж.
1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ.
1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир.
1941 гъэм къалъхуащ хоккеист цIэрыIуэу щыта, Олимп Джэгухэм щэнейрэ я чемпион, дунейм пщIэнейрэ и чемпион Рагулин Александр.
1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академикыу щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн.
1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд.
1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ.
1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэмыку Жаннэ.
1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыхур лIэмэ, и цIэр къонэри, выр лIэмэ, фэр къонэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ