ГъэфIапщIэ

Джэгум щытекIуахэм хуащI тыгъэхэращ. ХьэщIэхэр, джэгум хэтхэр зэрагъафIэ Iэмалщ.
ХьэщIэм щылъысым деж, гъэфIапщIэм хьэщIапщIэкIэ йоджэ. ГъэфIапщIэхэр джэгур зи джэгум я Iыхьлыхэм кърахьэлIэрт, зытыр джэгу тхьэмадэращ. ХьэтиякIуэр и гъусэу ар утыкум иувэрти, джэгур ­щиухым деж е джэгур зэриух удж хъурейм и пэ къихуэу гъэфIапщIэхэр итырт. Джэгу тхьэмадэм хьэтиякIуэм жри­Iэрт джэгу хасэм и унафэкIэ хэт сыт хуэдэ гъэфIапщIэ лъысами. ХьэтиякIуэм ар ину гупым яжриIэжырт: хэт сыт лъысами, абы и цIэ-унагъуэцIэр, зыщыщ къуажэр. Езым и цIэкIэ хьэтиякIуэм щIигъужырт хъуэхъу ­дахэ. ХьэтиякIуэм и дэIэпы­къуэгъухэм гъэфIапщIэхэр ­утыкум кърахьэ, зи цIэ ираIуэр утыкум къихьэурэ хасэм щыщ нэхъыжьым кърет. Дэтхэнэ ­зыми и цIэр жаIэу иратыху, пшы­науэхэр пшынэ йоуэ, гъэ­фIапщIэр зылъысар лIы цIэ­рыIуэу, пщащэ цIэрыIуэу щытмэ, пшынауэхэм нэхъ зрагъэ­Iэту йоуэ, пщIэ зэрыхуащIыр ­къагъэлъагъуэу.

Поделиться: