ДзасэкIэ гъэжьа былымыл Iыхьэхэр

Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр былымыл нэхъ щабэщ. ЛыпцIэр яупщIатэ и кIыхьагъыр см 11 - 12, и бгъуагъыр - см 6, и Iувагъыр - см 2 - 2,5-рэ хъууэ. Ахэр фалъэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий ­халъхьэ, бжьыныщхьэм ипс къыщIэкъузыкIар хакIэри, фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъэ 20 - 25-р хуэдизкIэ щIыIапIэ щагъэтщ. ИтIанэ лы Iыхьэхэр я кIыхьыпIэмкIэ дзасэм фIаIури дэпкIэ ягъажьэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ. ЩагъажьэкIэ мэлыщэ гъэвэжа щахуэ, нэхъ тхъуэплъ, дахэ хъун, мэ дахэ къыкIэрихын щхьэкIэ. Лы жьар дзасэм къыфIахыжри теп­щэчым иралъхьэ. Бжьын цIынэ гуэплъхьэми хъунущ. Яшх пщтыру, пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ, мэжаджэ, щIакхъуэ докIу.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
лыпцIэу - г 600
бжьыныщхьэ укъэбзауэ - г 70
щэ дагъэу - г 30
шыгъуу, шыбжийуэ - узыхуейм хуэдиз

Къубатий Борис.
Поделиться: