Дунейпсо тхыдэм халъхьа пцIы

Франджы пащтыхь Наполеон Бонапарт и зекIуэхэм (1798 - 1801 гъэхэм) я фIыгъэкIэ къэунэхуауэ жыпIэ хъунущ щIэныгъэм и къудамэщIэ - египтологиер. Мысырым (Египетым) и щэхухэр къатIэщIыну зэрехьэжьа щIэныгъэлIхэм куууэ яджащ а щIыпIэ телъыджэм къыщыщIаха мывэхэм ­тедза иероглифхэр. Анадолэмрэ Щам Ищхъэрэмрэ щIащыкIагъэххэти, а пасэрей цивилизацэхэм я гъущIы­нэтх­хэр зэщымыщу, бзэ щхьэхуэу къа­хутащ. А лъэхъэнэ дыдэм дунейм щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыщIатIы­кIыжащ пасэрей лъэпкъыжьхэм я ­къалэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ: майем, ащыр­хэм (Ассирия), шумерхэм, илэунхэм (Троя). Европей археологхэр къы­зэрехьэжьэри, КъуэкIыпIэр зэхатIыхьу, Библием къыхэщыж лъэп-къы­жьхэмрэ ахэр щыпсэуа къэралы­гъуэ­­хэмрэ къыщIатIыкIыжыну мурад быдэ ящIащ. Члисэм а Iуэхум хуиутIыпщат мылъкушхуэ. «Сыт хуэдизи тевгъэкIуадэ, илъэс бжыгъэкIи лIэ­щIыгъуэкIи фылъыхъуэ, ауэ ди тхылъ лъапIэм къыхэщыж къэралыгъуэ кIуэдахэр къэвгъуэтыж», - къыхуа­щIат археологхэм унафэ. Апхуэдэу къэунэхуащ «Библие археологием и зэгухьэныгъэр».

1859 - 1861 гъэхэм къриубыдэу Тыркум щыIэ Богазкёй къалэр щIащыкIыурэ ­къагъуэтащ пасэрей щIыпIэ телъыджэ. 1861-1882 гъэ пщIондэ щIэныгъэлIхэм яджащ абы къыщIаха дэфтэрхэмрэ хьэп­шыпхэмрэ. Алъандэрэ щIэныгъэм ицIыхуа, къитIэщIа тхыбзэми, лъэпкъ­хэми, щэнхабзэми ещхьтэкъым ар. ЩIэныгъэлIхэми археологхэми зызэб­ла­хъурт, зэманыр кIуэрт, ауэ Богазкёй къыщагъуэта щIыпIэм и щэхур къахуэщIэртэкъым зыми.
Богазкёй къэхутэныгъэр илъэсиплI-кIэ зыджа востоковед, Оксфорд и профессор, Уэльс и дин лэжьакIуэ Сейс Арчибальд 1882 гъэм Лондон щекIуэкIа зэ­IущIэм япэ дыдэ къыщриIуащ урысыбзэкIэ - хетты, инджылызыбзэкIэ - «the Hittites» фIэщыгъэцIэр. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, Богазкёй къыщагъуэта щIыпIэр - Библиер зытепсэлъыхь хетт лъэпкъыжьыр щыпсэуа, Мысырым къыщагъуэта тхыгъэхэм къахэщыж Хьэт пащтыхьыгъуэм и къалащхьэу Хьэтуссэр арат. Апхуэдэу къэунэхуащ иджыри зы унэтIыныгъэ - хеттологие.
Къэралыгъуэ къагъуэтам и цIэр гъэ­кIэщIауэ «ht» жиIэу ятхырт. А хьэрфитIым я зэхуаку дэт макъ зешэр щхьэж зэрыхуейуэ къипсэлъырт: «э», «е», «и». Хьэт (хатты), хьет (хетты), хьит (хитты)… Хьэтуссэр къэзыхута дин лэжьакIуэм ­нэхъ къищтащ Библием къы­зэ­ры­хэщыжым хуэдэу (латиныбзэкIэ), лъэп­къыжьым «хьит» фIэщыгъэцIэр фIащмэ.  Урысыбзэм ар «хет»-щ къы­зэ­рырагъэтIэсар.  Апхуэдэу  дунейпсо тхыдэм хатха хъуащ пцIышхуэ. ПцIыщ, сыту жыпIэмэ, нэхъапэIуэкIэ Мысы-рым, Ассирием, Вавилоным къыща­гъуэта тхыгъэхэм уриплъэмэ, Богазкёй къыщахута пасэрей къэралыгъуэм ­ХАТТИ (ХЬЭТЕЙ, «Hatti») и цIэущ къа­зэрыхэщыжыр. Ар археологхэм ямы­щIэу, къамытIэщIауэ, ямыджауэ щыттэкъым, ауэ заущэхуу, члисэм и унафэр ягъэзащIэмэ нэхъ къащтащ.  
1884 гъэм ирланд миссионер Райт Уильям «Хьетхэм я пащтыхьыгъуэр» тхы­лъышхуэр итхащ, абы хикъузапэу жеIэ ар Библием къыхэщыж, зэгуэр кIуэда къэралыгъуэр зэрыарар. А фIэщыгъэ­цIэ IуэнтIамрэ гупсысэмрэ дунейпсо тхыдэтххэм япхъуатэри, Хатти (Хьэтей) пащтыхьыгъуэм и тхыдэми зрагъэхъуэжащ…
ЗэрынаIуэщи (мыхэр псори европей дэфтэрхэм къыхэщыж Iуэхугъуэщ), Къуэ­кIыпIэм  археологие къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкIар члисэм и лэ­жьакIуэ защIэщ, абыхэм я къалэн нэхъыщхьэри - библие хъыбархэм щыхьэт техъуэ гуэр къэгъуэтынырт. Лъэпкъ псом и цIэр яхъуэжми, я тхыдэр къратхыкIыжми ядэрт, зыхуейр къахутэмэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм дуней псом и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIыу­­рэ, КъуэкIыпIэм екIуэлIащ щIэныгъэлI­хэмрэ археологхэмрэ. Хьэтуссэм и Iэшэлъашэм къыщыщIаха мывэ тхыгъэхэр яджыну, ар зэрытха бзэр къатIэщIыну, зытепсэлъыхьыр зыгурагъэIуэну щIэхъуэпсырт ахэр. Абы и лъэ­ныкъуэкIэ, япэ ехъулIэныгъэхэр къеуэ­лIащ Берлин университетым къуэкIыпIэ бзэхэмкIэ и профессор, нэмыцэ щIэ­ныгъэлI Винклер Гуго. Ар Вавилонми Мысырми тетхыхьа еджагъэшхуэт. Ауэ зы дагъуэ иIэт абы - сыт къи­тIэщIами, Европэм и мэ щыуауэ къы­щIригъэдзы-ну, европей щэнхабзэм ирип­хыну хэтт. АтIэ, мы нэмыцэ археоло­гым Хьэтуссэ и тхыгъэ хъумапIэ къи­гъуэтат, гъущIынэтхкIэ тедза мывэ мин 20-м щIигъу щIэлъу. АрщхьэкIэ, тхыгъэхэр зэрытха бзэр къахуэщIакъым зыми.
Мыбдеж гу лъытапхъэщи, нэхъапэIуэкIэ Мысырым къыщагъуэтагъэххэт Хьэтейм (Хатти) и пащтыхьым мысыр фирхьэуным  хуитха тхыгъэри, фирхьэун Рамзес ЕтIуанэм хьэтыпщым и пхъур щхьэгъусэу къишэу, гуащэ нэхъыщхьэ зэрищIам и хъыбари, хьэ­тыпщыр Ас­сириемрэ Вавилонымрэ я зэныкъуэ­къуныгъэм зэрыхэIэбари. Ауэ Винклер абы гулъытэ хуищIакъым  и къэхутэныгъэщIэхэр щиджым.  Сыту жыпIэмэ, хьэтхэмрэ (хатты) хьетхэмрэ (хетты) бзэкIи, хабзэкIи, щэнкIи зэ­щы­мыщу ягъэуват.
Iуэхум пэжу хэлъыр зы закъуэт - па­сэрей пащтыхьыгъуищри (Вавилон, Ассирие, Хьэтей) къагъуэтыжат, иужьрейм и фIэщыгъэцIэмрэ тхыдэмрэ яхъуэ­жами. Къэнэжыр хьэтхэр зэрыпсалъэу щыта бзэмрэ лъэпкъыр зи  лъэпкъымрэ къэщIэнырт.
1907 гъэм ирихьэлIэу ассиролог, семитыбзэхэм фIыуэ хэзыщIыкI, нэмыцэ къэхутакIуэ  Мессершмидт Леопольд Хьэтуссэм къыщагъуэта тхыбзэм и хьэрф 200 иджауэ зэхигъэщхьэхукIы­фырт. И къэхутэныгъэхэм теухуауэ абы къыдигъэкIащ тхылъ зыбжанэ. А тхылъхэр тегъэщIапIэ ящIурэ къэхута­кIуэм и лэжьыгъэм къыпащащ щIэ­ныгъэлI зыбжанэм. КъыдэбгъэкIкIэ сыт, гъущIынэтхым укъемыджэфмэ, къикIыр умыщIэмэ?! Апхуэдэу, къэ­ху­тэныгъэм къыпищащ нэгъуэщI нэмыцэ щIэныгъэлI, ассиролог  Вайднер Эрнст. Мис мыбдеж а щIалэм IэмалыфI къы­хукъуэкIат щэхуу щыIэм я нэхъыщхьэр къитIэщIыну, ауэ къыгурыIуакъым. Е, къыгурыIуэри, псори нэхъри зэхигъэ­зэрыхьащ! Вайднер и зи чэзу щIэщы­кIыгъуэр Богазкёй щригъэкIуэкIыу, шэ­ты­рым щIэст, зрагъэцIыхуа хьэрфхэр зэпигъэувэурэ тхыгъэм ину къеджэу, къикIыр къыгурыIуэн и гугъэу къытригъэзэжу. ЛэжьакIуэхэм яхэтт Урыс-Кавказ зауэжьым ирихужьа адыгэ гуп. Абыхэм ящыщ зы щIалэ щIэныгъэлIым еупщIащ:
- Зиусхьэным адыгэбзэр дэнэ щызригъэщIа? - жиIэри.
- Сыт зи гугъу пщIыр? - щIоупщIэ Вайд­нер, къыгурымыIуауэ.
- А тхыгъэм укъызэреджэр адыгэбзэщ! - жэуап итащ лэжьакIуэм.
- Мы иджыпсту сыкъызэджар зытеу­хуар сыт-тIэ? - къэуIэбжьащ щIэныгъэ­лIыр.
- Фызым шкIэр зэрырипхым теухуащ, - жи щIалэм.
ЩIэныгъэлIым мывэ пIащIэр зригъэдзэкIри, фызым шкIэ ирипхыу сурэт тещIыхьат!
Зыми ищIэркъым нэмыцэ щIэныгъэлIым а псалъэмакъым щIыпимыщар, ауэ а махуэм щэхушхуэ къы­хуэ­тIэщIыну зыIэщIигъэкIащ.
Мыгувэу Вайднер дунейм ехыжащ, и лэжьыгъэр и кIэм нимыгъэсу. Абы кърихьэжьа Iуэху мытыншым пищащ па­сэреибзэхэмкIэ щIэныгъэрылажьэ, чех пасторым и къуэ Грозный Бедржих. ЩIалэм пщэрылъ къыхуащIа лэжьыгъэм хэплъэну Константинополь кIуащ. МылъкукIэ абы щIэгъэкъуэн хуэхъуар Члисэмрэ ЩIэныгъэмкIэ министерствэмрэт. 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и               28-м Япэ дунейпсо зауэр къэхъейри, ­Къуэ­кIыпIэм мазэ фIэкIа щымылэ­жьауэ, Грознэм и хэкум игъэзэжащ, икIи ­гъущIынэтхыр зэрытедза бзэр къитIэщIыну етIысылIащ. «КъуэкIыпIэбзэхэм хэпщIыкIмэ, гугъукъым абыхэм зэхуэдэу яхэлъ хьэрфхэмрэ дамыгъэхэмрэ зэхэбгъэщхьэхукIыну, фIэгъэнапIэ гуэр, цIэ, псалъэ къэбгъуэтыну. Апхуэдэ гуэр тхыбзэ мыцIыхум ущрихьэлIэмэ, Iуэхур нэхъ псынщIэ пщещI», - итхыжащ Грознэм. Апхуэдэ гупсысэ-кIэм тету, 1915 гъэм шыщхьэуIум и 15-м щIэныгъэлIым хьэтыбзэм къыхигъэщ­хьэхукIащ славяныбзэмрэ инджы­лызыбзэмрэ иригъэщхьа псалъитI: «естыни» (есть/шхэн глаголым къыте­хъукIыу), «уатер». А псалъитIыр зыхэт псалъэухар Грознэм мыпхуэдэу зэри­дзэкIащ: «Теперь вы едите хлеб, а воду вы пьете». Япэ дищынщи, адыгэбзэ ящIэу нэхъ кIасэIуэу къэунэхуа  хетто­логхэм а псалъэухар нэгъуэщIущ зэ­рызэрадзэкIар: «Нунэ дэ естыни, мэ, уадэкIэ хуэкъутэ».
АдэкIэ, латыныбзэр, германыбзэхэр, урысыбзэр тегъэщIапIэ ищIри, Грознэм утыку кърихьащ хъыбар телъыджэ - «хьетыбзэм и щэхур къэстIэщIащ, ар индоевропеибзэщ», - жиIэри! Нэхъ тэ­мэму жыпIэмэ, «индогерманыбзэу» ­хуигъэфэщащ. Грознэм къыщIригъэ­дзащ, уей-уей жригъэIэу, пасэрей зэманыжьым и хьэмтетыгъуэр щезыхьэ-кIа хьэтхэр индоевропеибзэкIэ псалъэ хьетхэр арауэ, нобэрей европейхэр абыхэм къатехъукIыжауэ! Абы иужькIэ ЕтIуанэ Рейхым нэхъ лъэщ дыдэу дунейм тет щIэныгъэлIу 8 Iуэхум къыхишащ хьэтыбзэр зэрыщыту зэпкърахыу, мывэхэм тхыгъэу тетым къаIуатэр зэрадзэкIыну.
Нэмыцэхэм къащыхъурт къызыте­хъукIыжа лъэпкъыжьыр къагъуэты­жауэ, къызэрыщIэкIымкIи, Библием къыхэщыж хьэт уардэхэм я быну. Грознэм и къэхутэныгъэм папщIэ Прагэ дэт университетым ГъущIынэтхымрэ Па­­сэрей КIуэкIыпIэм и тхыдэр джы-нымкIэ и кафедрэм и профессор ящIащ.
Апхуэдиз илъэскIэ IуэнтIауэ кърахьэкIа Iуэхум пэжым и дыгъэпс щы­тепсар 1919 гъэращ. Швейцар ассиролог Форрер Эмиль япэ дыдэу жиIащ  алъандэрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ къатIэщIамрэ зэрынэпцIыр, Грознэм зэридзэкIа тхыгъэхэр адыгэ-абазэбзэхэм нэхъ зэрытехьэр, хьэтыбзэри адыгэбзэм нэхъ къызэритIасэр. Ди ­жагъуэ зэрыхъунщи, Форрер жиIэм зыри едэIуакъым, зыуи кърадзакъым икIи Грознэм жиIар яфIыжиIэу 1934          гъэ пщIондэ и къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIащ.
Бзэращ лъэпкъыпсэр зыхэлъыр. Адыгэ-абазэ  лъэпкъхэм я бзэм нэхъыжь дунейм темыту жаIэ щIэныгъэлI­хэм. Ар цIыхум япэ дыдэу яIурылъа, мыдрей бзэ псори къызытехъукIыжа­-хэм ящыщщ. Абы щIэныгъэлI куэд тетхыхьауэ, шэч къызытрамыхьэ Iуэху­гъуэщ: Лопатинский Л. Г. (1891), Ломтатидзе К. В. (1954), Амичбэ С. А. (1969), Къумахуэ Зарэ (1972), Конджарие В. Х. (1976), Шагъыр А. К. (1989), Иуан Сарэ (1982), Апажэ Мухьэмэд  (2008), Хьэрэтокъуэ Маринэ,  Габуниа З. М., ПхытIыкI Хьэутий (2015), Щомахуэ Татьянэ, нэ­гъуэщIхэри.
Мыбыхэм я къэхутэныгъэхэм уриплъэмэ, наIуэ пщохъу нэмыцэбзэми, инджылызыбзэми, франджыбзэми, уры­сыбзэми, алыджыбзэми, семитыбзэхэми, адыгэбзэми я къэпсэлъыкIэкIи я мыхьэнэкIи зэщхь псалъэхэр зэрыхэ-тыр.
Абы теухуауэ адыгэбзэм къыхэкIыу  украиныбзэм хыхьа мыпхуэдэ щапхъэхэр къехь Лопатинскэм:  нанэ (мать) - «нэньку»; дадэ (отец) - «тату»; хадэ (усадьба) - «хата»; уэркъ (всадник, дворянин) - «урка»; джэгун - «джигун», цIыкIу - «чукать»,  нэгъуэщIхэри. Абы и закъуэкъым. Мыбдеж псалъэ зыбжанэ къэтхьынщ, урысыбзэкIэ Iуми, адыгэбзэм мыхьэнэ щиIэу:
долина - дэлъын;
да - дэ;
дыхание - дыхьэн;
дир - дэр;
дапас - дэпэс ;
закон - закъуэн;
камыш - къэмыш;
канон - къэнэн;
кувшин - кхъуэщын;
лапа - лъапэ;
лей - лъей;
мишень - мышэн;
мотыга - мэ тIыгъэ;
одевать - Iэ да фIэт;
озеро - Iуэ зыр;
орех - Iэрыху;
паз - пIэ зы;
победа - пэ иубыдэ;
потоп - пэ тепIэ;
режет - ирижэт.
КъищынэмыщIауэ, адыгэ-абазэбзэм хэтщ «хьэт» псалъэм къытекIа куэд. Адрей лъэпкъхэм я бзэм апхуэдэ дыщрихьэлIэркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, абхъазым «анэдэлъхубзэ» жиIэнумэ, «А-хатэы бызшаа» жи. Адыгэм утщыщ  жиIэнумэ, «ухэт?» жи. Къи­щы­нэмы­щIауэ, адыгэм иIэщ «хьэт» псалъэр и лъабжьэу цIэ, унэцIэ куэд: Хьэтыкъуэ, Хьэтэжыкъуэ, Хьэтыжь, Хьэтызэ, Хьэту, Хьэтуей, Хьэтыкъуей, ХьэтIохъущокъуэ, нэгъуэщIхэри. А псори къы­зэ­щIэп­къуэжрэ зыбгъэкIэщIмэ:
1. Нобэрей адыгэ-абазэ лъэпкъымрэ пасэрей хьэтхэмрэ (хатты) зыщ. Хьэтхэр хы ФIыцIэм адрыщIкIи (нобэрей Тыркум) мыдрыщIкIи (Кавказым) щып­сэуащ, зы къэралыгъуэшхуэу, щIы абра­гъуэ яубыду.
2. Хьэтыбзэр индоевропеибзэкъым, ар адыгэ-абазэбзэщ.
3. «ИндоевропеибзэкIэ псалъэ, Балкан хытIыгу ныкъуэм къикIа хетты, хит­ты лъэпкъхэм хьэтхэмрэ (хатты) абы-хэм я къэралыгъуэмрэ къазэуауэ, хьэтхэр зэрыпхъуакIуэхэм хьэшып­сыхьы­жауэ» жыхуаIэр пэжкъым. Ар члисэм и Iуэху нэхъ къызэрикIыным хуэдэу ев­ропей археологхэм къагупсысащ.  
4. Хьэтхэр зэрыхьэту, хьэтыбзэ яIу­рылъу Хьэт къэралыгъуэм исыжащ, Библием къыхэщыж Рамзес ЕтIуанэм зэгурыIуэныгъэ езыщIылIа Хьэтусилэ Ещанэ пщыр хьэтщ (хатт), армыхъумэ хетткъым.
5. Хьэт къэралыгъуэр (Хатти) щы­кIуэ­дыжар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1180 гъэращ. Абы и пIэм къыщыунэхуащ Урурту пащтыхьыгъуэмрэ Фригиемрэ.
6. Хы мыдрыщI, Кавказым щыпсэуа хьэтхэр я пIэм къинащ, адыгэ-абазэ фIэщыгъэцIэри ягъуэтащ.

Осташкэ Андрей, лъахэхутэ. Кърым
Поделиться: