Узыгъэгушхуэ, къару къыпхэзылъхьэ уиIэмэ

И теплъэ уардэмкIэ, и утыку итыкIэ, гуп хэтыкIэ екIумкIэ, и артист IэзагъэмкIэ, сценэм щигъэлъэгъуа образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къилэжьауэ Шы­б­зыхъуэ Басир иIэщ хъу­гъуэфIыгъуэ ин - ар театр­еплъхэм я лъагъуныгъэрщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым и артист пажэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуащи, ди гуа­пэу дохъуэхъу дяпэкIи ехъу­лIэныгъэ иIэну, узыншэу, гукъеуэншэу лъэпкъым хуэ­лэжьэну, и унагъуэм хуэпсэуну.

Шыбзыхъуэ Басир Данил и къуэр Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гундэлэн къуажэм 1952 гъэм апрелым и 27-м къы­щалъхуащ, иужькIэ унагъуэр здэIэпхъуа Бахъсэн къалэм курыт еджапIэр 1970 гъэм къыщиухащ. Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэ­гъуэту Москва къызэрикIыжрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёру мэ­лажьэ. 1995 - 2012 гъэхэм Шыбзыхъуэр щытащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и актёр студиехэм я егъэджакIуэу икIи я художественнэ унафэщIу. 2001 - 2007 гъэхэм «НОТР - Налшык» телевиденэм и редактор-режис­сёрщ. 2007 гъэм къыщыщIэ­дзауэ 2012 гъэ пщIондэ ар ­пэ­рытащ лъэпкъ театрым и ­ху­дожественнэ унафэщI къу­лыкъум, 2021 гъэм щегъэжьауэ режиссёр нэхъыщхьэщ. 2020 гъэ лъандэрэ КъБР-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Басир Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я артистщ, КъБР-м и Къэрал сау­гъэтым и лауреатщ.
И творческэ гъуэгуанэм къы­зэщIиубыдэу Басир сценэм ­щигъэлъэгъуащ образ куэд. Ар хэтащ спектаклу, телевиденэм щагъэува теплъэгъуэу, художественнэ фильму куэдым. Псалъэм папщIэ, Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ ­пащтыхь гуащэмрэ» спектак­лым - Грознэм, Эдуардо де Филиппо и пьесэм къытращIыкIа «ЦIыхущ икIи джентльменщ» спектаклым - Дженнарэ, Нушич Бранислав и «Философием и докторым» - Животэ, Дударев Алексей и «Сэлэтхэр» спектаклым - Дервоед, Дюррен­-матт Фридрих и «Визит старой дамы»-м - Илл, Нэш Ричард и «Уэшх зыщэм» - Файл, Думба­дзе Нодар и «Кукарача»-м - Мурталэ, Гоголь Николай и «Ревизор»-м - Осип, Арро Владимир и «Феплъыт мы къэ­кIуам» - Кинг, Мольер и «Тар­тюф»-м - Оргон сымэ я образхэр щищIащ. Апхуэдэуи Шыбзыхъуэ Басир щыджэгуащ «Измаил-Бей», «Демон», «Аул Бастунджи», «Последний валий Кабарды», «Мелодия старой скрипки», «Черкешенка» телевизионнэ фильмхэм, «Вершины не спят», «Снег в сен­тябре», «Черкес», «Дело чести» художественнэ фильмхэм.
- КIэмыргуей Валентинрэ сэ­рэ зы хьэблэм дыкъыщыхъуащ, зы классым дыщеджащ. Ар ­хуейт артист хъуну, гъуазджэр къыпкърыхьауэ «ирисымаджэт». Щукиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт Театр училищэм ягъэкIуэну адыгэ гуп къыхахынут. КIэмыргуейм сыхигъэзыхьырт а зэхьэзэхуэм зыхедгъатхэу ди зэфIэкI деп­лъыжыну. МакъыфI зиIэ си ­къуэш нэхъыжьым и гъусэу школым уэрэд щыжысIэми, футбол джэгунырат сэ сы­дэ­зыхьэхыр. Бахъсэным и гуп къыхэхам сыхэту, си фIэщыпэу топ къесхуэкIырт, - игу къегъэ­кIыж Басир.
Шыбзыхъуэри артист хъун ­хуейуэ къэзылъытэ я класс унафэщIым тригъэчыныхьырт и къару еплъыжыну. Зихъун­щIэми, апхуэдэу хъуащ, Валентин и гъусэу ди къаралым и ­къалащхьэм дэт театр училищэм щеджэнухэр къыхэзых къэпщытакIуэ гупым я пащхьэ къихутащ, и насыпи кърихьэ­кIащ абы кIуэну.
Адыгэ лъэпкъ театрым и артист гъуэзэджэ хъунымкIэ Басир зэран къыхуэхъуфакъым бзэр щIагъуэу зэримыщIэр. ­Балъкъэрхэр хэкум ирашауэ адыгэрэ урыс тIэкIурэ фIэкIа зыдэмыса Гундэлэн къуажэрат ар къыщалъхуар. И анэр балъкъэрти, и адэмрэ абырэ уры­сыбзэт зэрызэпсалъэр. Апхуэ­дэу хъури, псэлъэн зэрыщIи­дзар урысыбзэщ. Балъкъэрхэм къагъэзэжу зэрыщIадзэу Данил и унагъуэр Гундэлэн къыдишыжри, Бахъсэн Iэпхъуащ, ауэ, аргуэрыжьти, урыс школщ Басир щеджар. «ЖыпIэнурамэ, сэ уэрамращ адыгэбзэр щызэзгъэщIар, уурысщ жа­Iэурэ си дэджэгуэгъу-ныбжьэгъухэм саукIыурэ», - дыхьэш­хыурэ игу къегъэкIыж Басир.
Москва зэрыраджэ тхыгъэр къыщыIэрыхьам, и адэ-анэм Iуэхум зыри хащIыкIыртэкъым. И шыпхъуитхумрэ и къуэш за­къуэмрэ адэм жраIащ Iуэхур зыIутыр. «ЩыщIэхуакIэ, кхъы­Iэ, гъакIуэ», - жаIэри и унафэр ящIащ и анэкъилъхухэм.
И IэщIагъэм нэхъ гугъу ды­-дэу хэлъамкIэ сыщеупщIкIэ ­Басир жеIэ: «ЕджапIэм и япэ илъэситIращ. КъызгурыIуэртэкъым сыкъыщыхутар, сыщIэ­кIуари къысхуэщIэртэкъым, ­сысейуи къысщыхъуртэкъым. ИтIанэ, япэу тщIа лэжьыгъэ цIыкIуфэкIухэр сфIэзэшы­-гъуэт. Уеблэмэ сыкъэкIуэжыну сигу къыщридза щыIащ. Хуэм-хуэмурэ IэщIагъэм сызыIэпи­шэн щIидзащ, образхэм де­лэжьу, спектакль пычыгъуэхэр дгъэуву дыхуежьэри, къысIу­рыIэфIащ, сызыпэрыхьа Iуэ­-хум мыхьэнэшхуэ зэриIэр, къэптIэщIыф къудеймэ, купщIэ ин зэрыхэгъэпщкIуар къызгу­рыIуащ».
Шыбзыхъуэ Басир къызэрилъытэмкIэ, гугъу ущехьыр уи мыIуэху упэрытмэщ. Ууейуэ, удихьэхыу, абы ухуейуэ, гуры­фIыгъуэ къыхэпхыу щытмэ, пхузэфIэмыкIынрэ узыпэ­мы­лъэщынрэ щыIэкъым. «Профессионал ухъуа иужь, гугъур узэлэжьын къэбгъуэтынращ, абы къыкIэлъокIуэ режис­сё­рыфI уиIэныр», - къыхегъэщ си псэлъэгъум.
Классикэми лъэпкъ драматургиеми я лъагапIэу къалъы­-тэ спектаклхэм роль гъэщIэ­гъуэнхэр щигъэзэщIащ Шыбзыхъуэм. Ахэр къызэрехъулIам и щыхьэткъэ УФ-м и щIыхьы­цIэр Басир илъэс плIыщIым къызэрыхуагъэфэщар!
Адыгэ театрыр режиссёр и лъэныкъуэкIэ иджыпсту вакъэ зэв иуващ. ПIалъэ кIэщIым ­къриубыдэу дунейм ехыжащ режиссёр нэхъыфI дыдэу иIахэр: Теувэж СулътIан, Фырэ ­Руслан, Теувэжыкъуэ Владимир сымэ. «Ахэр щыдиIэм, зы щхьэкIи дыгузэвакъым, зым имыгъэувыр адрейм къищтэу лэжьахэщ. Иджыпсту режис­сёру театрым къегъэбы­дылIащ Къалэ Мурат. Сэ зыгуэрхэр согъэув, апхуэдэуи къедгъэблэгъэну дыхуитщ дызыхуейр», - жеIэ игу зэрыхэщIыр плъагъуу Басир.
Театрым и художественнэ унафэщIу щыщыта зэманым Басир гугъу зригъэхьащ. А и ­къалэным къыдэкIуэу, ар щы­лажьэрт Кавказ Ищхъэрэм ­ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым. Актёр курсу плIы къы­щIигъэкIати, япитIыр фIы дыдэу игъэхьэзырамэ, иужь­рейхэм ерагъкIэ къаригъэухауэщ къызэрилъытэр. «Къарууи зэфIэкIыуи уиIэр епхьэлIэу щIэныгъи ептын хуейуэ гуп къыщыпщыгугъым и деж зы­щIегъэхыпIи зыгъэпсэхупIи уи­Iэкъым», - жеIэ Басир.
1995 - 1999 гъэхэм игъэ­хьэ­зы­ра студием хэтащ Хьэмырзэ Ахьмэд, ТIымыжь Владимир, Бозий Рустам, Жанатаевэ Марьянэ, Умар Амир сымэ. ЦIыхуипщI хъууэ еджэн щIадзати, а тхум къаухауэ аращ. Ахэр тегужьеикIауэ иригъэджат, дип­лом лэжьыгъэуи куэд ядигъэхьэзырат. Абы къыкIэлъы­кIуащ Къардэн Заур, КIэбышэ Iэхьед сымэ зыхэта шэрджэс студиер (2000 - 2004). МащIэт цIыхуу къагъэкIуар, езы Басир 15 къищтэну хуит зригъэщIати, бжыгъэр иригъэкъун папщIэ ди республикэм щыщхэри хигъэ­хьауэ арат. «ПцIыр сыткIэ щхьэ­пэ, студие телъыджэт», - жи Шыбзыхъуэм.
ИгъэзэщIа ролхэм ящыщу сыт хуэдэхэр нэхъ къыхигъэщ­хьэхукIми сыщеупщIкIэ, Басир пIащIэркъым пыухыкIауэ лэ­жьы­гъэ гуэрым и цIэ къриIуэн. Театрым амплуа жыхуэтIэ гуры­Iуэгъуэр, Iуэхугъуэр зэриIэр, уи амплуар зыубзыхуа егъэджа­кIуэм уи зэфIэкIыр нэхъыбэу зэпхьэлIэн хуейр къызэрихутам шэч зэрыхэмылъыр, нэхъыфIу къохъулIэнури а ролхэр зэрыарар къыбжеIэ. «Дэтхэнэ твор­ческэ цIыхуми гурыгъу-гу­ры­щIэхэр хузэтрихьэмэ, артис­-тым деж ар щыегъэлеящ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сэ сыт щы­гъуи зыгуэр къызолъыхъуэ: цIыхум и теплъэ хэха, и зыIыгъыкIэ, псэлъэкIэ щхьэхуэ, гушыIэ гъэщIэгъуэн, адрейхэм ейм емыщхь зекIуэкIэ, н. къ. Псори уи нэм къыфIонэ, псори уи гум щыбогъафIэ. Зэхуэпхьэсахэр «къыщиппхъын» зэман уихуэн хуейщ. Апхуэдэ Iэмал зымыгъуэт актёрыр шына­гъуэщ, сыту жыпIэмэ а зыхищIэхэр псалъэмакъ мыщ­хьэ­пэу, губжьу е нэгъуэщI зыгуэру къэзыухъуреихь псоми яжьэ­хоуэ. Тхьэм и шыкуркIэ, абы щы­хъума сыхъуащ», - жеIэ Басир роль зэрыщымыщIар иригъэнаIуэу.
«Пащтыхьымрэ пащтыхь гуа­щэмрэ» щагъэувыжым Гроз­нэм и ролыр игъэзэщIэну ­щыгугъыжыртэкъым Шыбзы­хъуэр, и ныбжьыр илъэс 60-м нэблэгъати. ИпэкIэ джэгуат, ныбжькIэ щыхуэкIуэри а зэманырт. А спектаклыр ягъэувыжыну къыхэзылъхьар езы Басирт, тхыдэм и пэжыр зи лъабжьэ лэжьыгъэр театрым и репертуарым хэтмэ, нэхъыбэм ялъагъумэ и гуапэу.
Басир зыхэта фильмхэм ­къахегъэщхьэхукI КIыщокъуэ Алим и романым къытращIыкIа «Вер­шины не спят», Искандер Фазиль и тхыгъэр зи лъабжьэ «Снег в сентябре» жыхуиIэхэр, шэшэн щIэпхъаджащIэм и ролыр щигъэзэщIа «Дело чести» сериалыр. «Фильм и лъэны­къуэкIэ ди Iуэхур фIы дыдэу схужыIэнукъым, - къыхегъэщ Басир. - Къалэшхуэм дэ зыри къыщытхуейкъым, мыбдежым щытрахынIауэ къакIуэми, роль нэхъыщхьэхэр зратынум иратауэ образ цIыкIуфэкIухэр е массовкэ жыхуэтIэр къытлъагъэсу аращ. Пэжыр пэжу щытын ­хуейщ».
Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щылажьэу хъуар зи IэщIагъэм хуэIэижь защIэщ жыпIэкIэ, пцIыупс ухъунукъым. Ауэ мы дуней зэхэзэрыхьам, узымрэ гуныкъуэгъуэмрэ щы­тепщэм, цIыхухэр нэхъ зыхуейр зыщагъэпсэхуну, я гум жьы щыдихуну гушыIэхэращ. «Ауэ абыхэмкIи зэфIэкIыркъым, театрым иIэн хуейщ классикэм щыщ лэжьыгъэхэри. Абыхэм къыщIэупщIэхэр, ар къэзылъыхъуэхэр ди мащIэкъым, ди гуа­пэ зэрыхъунщи», - жеIэ Басир. Лъэпкъ драматургием и фIы­пIэри, дунейпсо классикэм щыщу ди щыIэкIэ-псэукIэм нэхъ пэгъунэгъухэри ягъэувыну, зэгуэр репертуарым хэтахэр къагъэщIэрэщIэжыну я мурадщи, къахузэпищэну дыщыгугъынщ.
- ФIыуэ плъагъу лэжьыгъэм упэрытыныр насыпышхуэщ, абыкIэ си кIэн къикIауэ къы­золъытэ. Мы театрым къызэ­рыд­гъэзэжрэ илъэс 50-м нэб­лэ­гъащи, гуапагъэ Iэджэ щIэтлъэ­гъуащ, нэхъыжьыфI­хэм да­дэлэжьащ, абыхэм къа­кIэлъыкIуэхэм я Iуэху зехьэкIэр тлъэгъуащ. Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэр дяужькIэ къаухауэ студиеу тIу диIэщи, дащогуфIыкIыпэ. Ахэр насыпкъэ?! - жеIэ Шыбзы­хъуэм. - Унагъуэм куэд иIыгъщ, зыхуей хуэзэу упсэунымкIи улэжьэнымкIи. Фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, си щIыбагъ къыдэтщ сызыгъэгушхуэ, къару къысхэзылъхьэ унагъуэ. ЩхьэгъусэкIи бынкIи си насып къикIащ, сахуэарэзыщ. Ауэ гуныкъуэгъуэу сиIэщ си щIалэмрэ си хъыджэбзымрэ иджы­ри унагъуэ зэрымыхъуари, я гуфIэгъуэ икIэщIыпIэкIэ сыхэп­лъэмэ, хуабжьу сыщыгуфIы­кIынущ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: