Шыбзыхъуэ Б.Д. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Шыбзыхъуэ Б.Д. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам икIи илъэс куэд ­лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Шыбзыхъуэ Басир Данил и къуэм - «ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ ­театр» щэнхабзэмкIэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэм - режиссёр нэхъыщхьэм.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                                КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м
№42-УГ

 

Шыбзыхъуэ Б.У. «Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр фIэщын Шыбзыхъуэ Барисэт Умар и ­пхъум - «ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театр» щэнхабзэмкIэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и актрисэ пашэм.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                                КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м
№43-УГ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ЕхъулIэныгъэшхуэхэр зэраIэм икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ цIэ лъапIэхэр яфIэщын:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
щIыхь зиIэ и дохутыр»
Къанло Маринэ Мухьэмэд и пхъум - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Кардиологие диспансер» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и 3-нэ кардиологие къудамэм и унафэщIым - дохутыр-кардиологым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ»
Жабоевэ Зайнаф Хъызыр и пхъум - Бахъсэн муници­пальнэ районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыIэ «Малкаров Хь.Ш. и цIэр зезыхьэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт школ» курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт муниципальнэ IуэхущIапIэм и егъэджакIуэ-библиотекарым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ»
Доткъул Хьэсэн Мусэ и къуэм - «Бахъсэнавтотранс» акционер зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым и къуэдзэм
Ныбэжь Алик ХьэзрэIил и къуэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм кIэлъыплъыныгъэмрэ гъуэгу шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
щIыхь зиIэ и энергетик»
Литвинов Роман Анатолий и къуэм - «Къалэ электрическэ сетхэр» акционер зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым, Прохладнэ къ.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                                КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м
№47-УГ

Поделиться: