Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу! Ар ипэжыпIэкIэ цIыхубэ махуэшхуэщ, сыт хуэдэ щIэблэми фIыуэ ялъагъуу. Накъыгъэ махуэшхуэр и нэщэнэщ цIыхур зэкъуэувэну, лэжьыгъэ­фIхэр я IэрыкIыу псэуну зэрыхущIэкъум. Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу сыт хуэдэ Iуэху гугъури тэмэму зэфIэзыгъэкIыф цIыху лэжьакIуэшхуэхэр, зэчий зыбгъэдэлъхэр, мурад дахэ зиIэхэр. Апхуэдэхэм я фIыщIэ куэд хэлъщ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмкIэ ди республикэм зыIэригъэхьэ ехъу­лIэныгъэхэм, зыгъэпсэхуакIуэхэм, Iуэху зе­зыхьэ хьэрычэтыщIэхэм ди щIыналъэр къы­зэрыхахым.
Нобэ, ди къэралыр къыпэубыдыныгъэ ткIийхэм я лъэхъэнэм щит зэманым, ди къарури зэфIэкIри хуэдгъэпсын хуейщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къэралым и стратегие зыужьыныгъэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэу­нэтIауэ игъэбелджыла Iуэхугъуэхэр къы­зыхуэтыншэу зэфIэхыным. Си фIэщ мэхъу: дызэгъусэмэ, дэ хуэфэщэн жэуап еттыфынущ зэманым къытхуигъэув лъэпощхьэпохэмрэ къытпигъэтIылъ гугъуехьхэмрэ, дгъэзэщIэфынущ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым­рэ ди Хэку инымрэ я зэIузэпэщыныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ папщIэ ди пащхьэ къит ­къалэн псори.
Си гуапэу псоми сынывохъуэхъу узын-        шагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну, фи ­хъуэпсапIэ дахэхэр къывэхъулIэну.

 

Поделиться:

Читать также: