«Пушкиным и картэмрэ» накъыгъэ махуэшхуэхэмрэ

Накъыгъэ махуэшхуэхэр къоблагъэ. ЦIыхухэм я нэхъыбэм а зыгъэпсэхугъуэхэм иджыпсту щыщIэдзауэ зы­хуагъэхьэзыр. Хэти бгылъэ щIыпIэхэм кIуэуэ зыщиплъыхьыну треухуэ, хэти щыхьэрым дэт нэгузыуж­ьы­пIэ­хэм зыщигъэпсэхуну егъэпс.

НыбжьыщIэхэм Iэмал хъарзынэ яIэщ «Пушкиным и ­картэ» лIэужьыгъуэр къагъэсэбэпу махуэшхуэхэр дахэу ягъэ­кIуэну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зи гугъу тщIы «Пушкиным и картэр» УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къы­халъхьа Iэмалщ - ныбжьыщIэхэм я щэнхабзэ зэхэщIыкIым ­хэгъэхъуэн икIи зиужьын папщIэ. Абы ипкъ иткIэ зи ныбжьыр илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-м нэс щIалэгъуалэм къэ­ралым щекIуэкI хэкупсэ хуэIухуэщIэхэм хыхьэну, театр, макъамэ икIи гъуазджэ IуэхущIапIэхэм щIыхьэну Iэмал яIэщ. Гу лъытапхъэщ картэм илъ ахъшэр музей икIи театр гъэлъэ­гъуэныгъэхэм, концертхэм фIэкIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм тебгъэкIуадэ зэрымыхъунур.
Къэралым картэм кърилъхьэ сом мини 3-р 2022 гъэм ми­нитху ищIащ. Апхуэдэу УФ-м и Правительствэм и УнафэщI ­Мишустин Михаил и Iэ зыщIэлъ Унафэм ипкъ иткIэ, мазаем и 1-м щегъэжьауэ щIалэгъуалэр пщIэншэу здэкIуэ е зыщIыхьэ хъуну щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ хэкупсэ Iуэхугъуэхэмрэ ­нэхъыбэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, «Пушкиным и картэмкIэ» ­театрхэм, музейхэм, концерт гъэлъэгъуапIэхэм къищы­нэ­мыщIауэ, кинотеатрхэми укIуэфынущ. УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и щIэгъэкъуэну траха кинофильмхэм а картэр къэбгъэсэбэпу уеплъыфынущ. Псори зэгъусэу кино­театрхэм щагъэлъагъуэ урысей фильмхэм уеплъыным сом минитI тебгъэкIуадэ хъунущ.
«Пушкиным и картэр» зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм Iуэхугъуэ зыбжанэ ящIапхъэщ:
1. «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» интернет утыкум зыщебгъэтхын хуейщ. Апхуэдэ Iэмал иIэщ зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуауэ къэралым зэрицIыхумкIэ щыхьэт тхылъ зрата дэтхэнэми.
2. «ЩэнхабзэмкIэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» зи фIэщыгъэ программэ гуэдзэнхэр телефоным требгъадзэ хъунущ. Ар къыщыбгъуэтыфынущ AppStore, Google Play, App Gallery   телефон программэхэм. Апхуэдэу узыхуэныкъуэну QR-жыпхъэри «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» интернет утыкум къыщыб­гъуэтынущ.
3. Зебгъэтха нэужь, «Пушкиным и картэм» узэрыхуейр къыбогъэлъагъуэ. Ар зыIэрыбгъэхьэжыфынущ Урысейм и Банкым и IуэхущIапIэм, паспортымрэ СНЛС-мрэ ебгъэлъагъумэ.
4. «Пушкиным и картэмкIэ» уздэкIуэну Iуэхугъуэр Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и сайтым илъ хъыбарегъащIэм хэтмэ еплъын хуейщ е билет къыщыпщэхукIэ, ар къыщыпщэху IуэхущIапIэр а программэм хэтмэ зэгъэщIэн ­хуейщ.
«Пушкиным и картэм» и лэжьэкIэр зыубзыху программэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ IуэхущIапIэ 11 хэтщ: Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Макъамэ театрыр, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал гуащэ театрыр, Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ музейр, Сурэт гъуазджэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ къэрал музейр, Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ къэрал филармониер, «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр» къэфакIуэ гупхэр.
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: