Мурад зиIэм хэкIыпIи къигъуэтынщ

Лъэпкъ IэпщIэлъэпщIагъэр пасэ зэман жыжьэм къыщожьэ, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэр я IэкIэ ящIу зэрыхъурэ. АрщхьэкIэ нэхъ иужьыIуэкIэщ лъэщапIэхэр къэунэхуу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ дахэ куэд дунейм къытехьэу щыхуежьар. Ахэр зэмыщхь зыщIыр лъэпкъ къэс я гупсысэ зэрыхалъхьэфырщ. 

Адыгэхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ лъэпкъ фащэр къызэрагъэщIыфамрэ дыщэидэ IэщIагъэр зэрызрагъэгъуэтамрэ. Зи Iэпэм дыщэ къыпыщ зыхужаIэм хуэдэщ Iумых Залини. Ар лъэпкъ IэщIагъэхэм илъэсихкIэ щыхуеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэхэмкIэ и къудамэм. Ещанэ курсым щегъэжьауэ, Залинэ куууэ иджащ адыгэхэм я дыщэидэр. Иджыпсту ар йолэжь пэшым, машинэм фIадзэ хьэпшыпхэм, чысэхэм, фэилъхьэгъуэхэм лъэпкъ дамыгъэхэр тету хэдыкIыным, апхуэдэуи махуэ къэс зетхьэ щыгъынхэм къыщегъэсэбэп лъэпкъыр «къозыгъэцIыху» нэгъуэщI тхыпхъэщIыпхъэхэри. 
- Дыщэидэ IэщIагъэр езыр куэд щIакъым къызэрыдахыжрэ, икIи абы зезыгъэужьыжахэм ящыщщ си егъэджакIуэхэу Дагъыр Мариннетэрэ Шэт Джульеттэрэ, - жеIэ Iумыхым. - ЦIыхубзитIми фIыщIэ яхузощI езым ябгъэдэлъ зэфIэкIыр я гуи я пси етауэ къытхалъхьэну зэрыхущIэкъуам щхьэкIэ. Дыщеджэ зэманым адыгэхэм я лъэпкъ фащэм и тхыдэр тфIэгъэщIэгъуэну дджащ, мынэхъ мащIэу хэдыкIынми гулъытэ хэха худагъэщIащ. Абыхэм къадэкIуэу, сурэт щIынми и ужь сихьэри, абы щыгъуэщ тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ сыщыдахьэхар. Дыщэидэм и гугъу пщIымэ, ар адыгэхэм я тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха IэщIагъэщ. ЗэрытщIэщи, хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсэныгъэм увыпIэшхуэ щиубыду щытащ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр езым я IэкIэ ящIыфу къэгъэхъуным. СызэрыщыгъуазэмкIэ, унагъуэ хэIэтыкIахэм исхэрат нэхъыбэу а Iуэхум елэжьыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, дыщэидэм бзылъхугъэр нэхъ бэшэчу, шыIэ хэлъу, лэжьыгъэм пщIэ хуищIу къигъэхъурт. Зыми и дежкIэ щэхукъым адыгэ бзылъхугъэхэр я IэпщIэлъапщIагъэмкIэ Кавказым адрыщIкIи щыцIэрыIуэу зэрыщытар. 
Залинэ лъэпкъ фащэхэри хедыкI, къищынэмыщIауэ, адыгэхэми Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэм щыпсэухэми я лъэпкъ дамыгъэхэр иджын щIидзауэ ахэр и лэжьыгъэхэм къыщегъэсэбэп. Хъыджэбзым и ехъулIэныгъэу жыпIэ хъунущ и Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ фащэр Москва выставкэм хэтыну яшауэ зэрыщытар, щытхъу псалъэхэр къызэрыхужаIар.
- Дыщэидэм илъэсипщI хъуауэ сролажьэри, ар зыфIэзгъэкIуэдыну сыхуейкъым. Ар щIыжысIэрщи, а IэщIагъэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу уримылажьэмэ, уи Iэм IэщIогъупщыкI, - дыщегъэгъуазэ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэм. - Иджыпсту зыщызогъэгъуазэ Eрысейм ис нэгъуэщI лъэпкъхэм мыбы теухуауэ я зэфIэкIыр зыхуэдэм, псалъэм папщIэ илъэс и пэ Челябинск щекIуэкIа зы Iуэху сыхэтати, дэ къэдгъэсэбэп Iэмалхэм ещхьу зы бгъэдыхьэкIэм зыщезгъэсащ. Ауэ сфIэфIыр адыгэм ди дыщэидэращ. Ар нэхъ гугъущ, ауэ абы и хэдыкIыр нэхъ дахэщ, нэхъ къулейщ. Куэд щIауэ пхужыIэнукъым нысащIэмрэ щауэмрэ ди лъэпкъ фащэхэр щатIэгъэн зэрыщIадзэжрэ. Ауэ иужьрей зэманым цIыхум нэхъ зыхащIащ адыгэм и IэпщIэлъапщIагъэмрэ лъэпкъ фащэмрэ я мыхьэнэр, я дахагъэр. Ар цIыкIуи ини иджы ящыгъщ. Пэжщ, ди фащэм и теплъэкIэ фIыуэ зихъуэжащ, ауэ абы щхьэкIэ ар нэхъыкIэ хъуауэ къэслъытэркъым. 
Залинэ зы мурад и гум щегъафIэ и IэщIагъэм епхауэ. ДызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ар щIохъуэпс Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ Грозный Иван щыхуашэм щхьэрыгъа адыгэ пыIэм трищIыкIыну. Москва музейм щахъумэ пыIэр зэрада щIыкIэм хуэдэ дыдэу, и тхыпхъэхэри хэдыкIри ещхьу, Залинэ къехъулIэмэ, Налшык дэт Лъэпкъ музейм щIилъхьэну и мурадщ. Абы щхьэкIэ пыIэм нэхъ гъунэгъуу уеплъын, тепщIыкIыну хуит узыщI тхылъ уиIэн хуейщи, зэкIэ Iуэхум и ужь ихьэфкъым, ауэ мурад зиIэм хэкIыпIи къигъуэтынщ, шэч хэмылъу.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: