Зи зэфIэкIыр лъагэхэр, Iэзагъышхуэ зыхэлъхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ.

 «Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэ Урысейм щагъэлъапIэ «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэм и махуэр. А махуэшхуэр хэхауэ ягъэлъэпIэну къыхилъхьащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. УФ-м и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ар ягъэлъэпIэн щIадзащ. А махуэри зэрымыщIэкIэ къыхахакъым. Илъэси 124-рэ ипэкIэ Москва къыщыунэхуауэ щытащ «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и япэ станцхэмрэ зэIэзэнухэр сымаджэщым зэрашэн гуимэхэмрэ. Махуэр яхуэгъэзащ «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэ псоми – IэнатIэм пэрыт дохутырхэм, фельдшерхэм, медсестрахэм, санитархэм, машинэхэм я шоферхэм. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зыщиубгъу лъэхъэнэм абы и «удын хьэлъэм» япэу пэщIэувар ахэращ икIи я узыншагъэмкIэ шынагъуэу зэрыщытми къримыгъэкIуэту яхузэфIэкIыр ящIэу лэжьащ. ИкIи пэлъэщащ, цIыхухэр зыхуэныкъуэ япэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр тэмэму къызэгъэпэщынымкIи зэфIэкI лъагэрэ Iэзагъышхуэрэ къагъэлъагъуэу», - щитхащ республикэм и Iэтащхьэм и телеграм-каналым.
«Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я къалэн гугъур адэкIи ирахьэкI, махуэ къэс цIыху гъащIэхэр кърагъэлу. Нобэ жылагъуэм хуэфэщэн пщIэ хуещI пIащIэгъуэкIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ IэнатIэм пэрытхэм я лIыгъэм, псэемыблэж лэжьыгъэм, ди цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным абыхэм хуащI хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ. «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм пщIэ зыхуэсщIхэм фIыщIэ фхузощI лIыгъэшхуэрэ гуащIэшхуэрэ зэхьэлIэн хуей фи IэнатIэ мытыншыр фехъулIэу зэрефхьэкIым папщIэ. Гугъу зевгъэхьу фэ фогъэзащIэ фи къалэн псори, сыт хуэдэ щытыкIэм фыкъимыхутами, фи IэщIагъэм фыхуэпэжрэ цIыхугъэшхуэ къэвгъэлъагъуэу. Си гум къыбгъэдэкIыу фи махуэшхуэмкIэ фэри фи унагъуэхэми сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ зэIузэпэщ псэукIэрэ фиIэну», - щыжеIэ щIыналъэм и унафэщIым и хъуэхъу тхыгъэм.
 

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: