Адэм и уэсят

Ущие
 

ЛIыжьыр дунейм щехыжым и къуэ закъуэр зришалIэри, уэсят къыхуищIыжащ, итIанэ ар и щхьэгъусэм елъэIуащ:
- Ди щIалэм сыт ищIэми, упэрымыуэ, зэран ухуэмыхъу.
Фызыр есатэкъым и щхьэгъусэм и псалъэр тIу ищIу, абы и Iуэхухэм хэIэбэу. Ар я щIалэ закъуэм къыхуагъэна уэсятми щIэупщIакъым. ЛIыр лIа иужькIи абы и лъэIум текIакъым. 
Ауэрэ зэгуэрым щIалэм зыри мылъку къуэмылъыжу, щхьэлажьэ хъуным нэсауэ и анэм жриIащ:
- Уа, уэри си адэри фызижагъуэгъуу ара? Уэри зыри къыспэбубыдакъым, си адэми мыпхуэдэ уэсят къысхуигъэнауэ щытащ: губгъуэм уихьамэ, зы цIыхум фIэхъус иумых, Iэнэгу уитIысхьамэ, уигу иримыхьын умышх, махуэ къэсыхукIэ вакъэщIэ фIэкIа лъумытIагъэ. Абы жиIар згъэзащIэурэ утыку сыкъинащ. Губгъуэм сихьамэ, зыми фIэхъус езмыхыурэ, си ныбжьэгъухэми си адэм и цIыхугъэу щытахэми я щIыб къысхуагъэзащ. Сигу иримыхьын сымышхыурэ, си адэ къысхуигъэна мылъку тIэкIур згъэбэгъуэн дэнэ къыщына, сухыпащ. Махуэ къэсыхукIэ вакъэщIэ къэщэхуным щIыхуэхэмыкI сищIащ. Догуэ, си адэр сэ си жагъуэгъуу арат?
- Хьэуэ, си щIалэ, - жиIащ анэм. – Уи адэр уи жагъуэгъутэкъым. АтIэ фIыщэу укъилъагъурти, и уэсятымкIэ сыт щыгъуи жьауэу къыпщхьэщытыну хуеяуэ аращ. Ар дунейм щехыжым сэри къызэлъэIуат зыкIи сыппэрымыуэну, уэ укъызэмыупщIауэ зыри бжезмыIэну. Иджы укъызэупщIащи, къэдаIуэ. «Зыми фIэхъус иумых» щыжиIэм абы къригъэкIар мыращ: губгъуэм псом япэ уихьатэмэ, абы накIуэхэм фIэхъус къуахынурэ уэ жэуапыр ептыжыну арат. Апхуэдэу жьыуэ утэджрэ махуэ псом улэжьа нэужькIэ, сыт хуэдэ шхынри гурыхь, IэфI пщохъу. Иджы вакъэм щхьэкIэ. Пщыхьэщхьэм лъыпха вакъэр зыхуей хуэбгъазэрэ къабзэу бгъэувыжмэ, ар пщэдджыжьым щIэрыпсым хуэдэу къыбощтэж. Аращ си щIалэ, уи адэм и уэсятым и купщIэр. Иджыри укъыкIэрыхуакъым ар бгъэзэщIэну. УэркIэ сэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъщ. Уи адэ ещхь ухъужынщ. Анэм дежкIэ зэрыхуейм хуэдэу хъуа и быным и ужь иплъэным нэхъ насып щыIэкъы

Поделиться: