Ягъэлъэгъуэн яIэщ

Ди республикэм и щIыналъэхэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 77 - рэ зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. 

Прохладнэ, Май щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэм ТекIуэныгъэ Иным теухуа сочиненэхэр щатх, классщIыб дерсхэм япкъ иту зауэм теухуа спектакль теплъэгъуэхэр ягъэлъагъуэ. Курыт еджапIэхэм ящыщ куэдым яIэщ ди къэралым и хуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэепъ музейхэр. Абыхэм щахъумэ зауэ зэманым зэрахьа хьэпшыпхэр, зауэлI фащэхэр, сурэтхэр, письмо щимэхэр. Ахэр псори еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэгъусэу зэхуахьэсащ.
Май, Прохладнэ къалэхэм я пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэр дунеяплъэ а музейхэм яшэ икIи щагъэгъуазэ хуитыныгъэр цIыхубэм къахуэзыхьахэм зэрахьа лIыгъэмрэ абыхэм фэеплъыр хъумэн зэрыхуеймрэ.
Шэрэдж щIыналъэр зэрыгушхуэ хъун музей зэпэщ иIэщ Аушыджэр къуажэм и курыт еджапIэ езанэми. Абы щызэхуэхьэсащ Совет Союзым и ЛIыхъужь , дзэ кхъухьлъатэзехуэ къэмыланджэжу бийм пэщIэта Къардэн зэкъуэшхэм (Къубатийрэ Къэбардрэ) я гъащIэм теухуа тхыгъэ куэд.
ТекIуэныгъэм и махуэм къищынэмыщIауэ, ди музейхэмрэ тхылъ хъумапIэхэмрэ зыхуагъэхьэзыр Къэбэрдей - Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум. Къапщтэмэ, мы махуэхэм Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм къыщызэIуахащ щIэнгъуазэм хуэгъэпса дунеяплъэхэр. Ягъэлъагъуэ тхылъхэм лъэныкъуэ куэдкIэ ущагъэгъуазэ ди республикэр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэм, и тхыдэ гъуэгуанэм, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къадекIуэкIа Iуэхугъуэ нэхъ инхэм, нобэ игъуэта зыужьыныгъэм, нэгъуэщIхэми. Мы гъэлъэгъуэныгъэхэр гъэр икIыху екIуэкIынущ, тхылъ гъэтIылъыгъэхэр щIэх - щIэхыурэ яхъуэжурэ.
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: