Махуэшхуэм и фэеплъу

 

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щрагъажьэ къэрал кIуэцI хъумакIуэ IэнатIэр граф Комаровскэм къызэрызэригъэпэщрэ илъэс 250-рэ зэрырикъур.

Комаровский Евграф къызэригъэпэщауэ щы­та хъумакIуэ IуэхущIапIэрщ иджырей Урысей гвардиер къызытращIыкIыжар. Махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу «Урысей гвардием и жыгхэр» Iуэхум ипкъ иткIэ, жыг 250-рэ хасэну яубзыхуащ. А Iуэхугъуэ дахэм хэтынущ Урысей гвардием и лэжьакIуэхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, гвардием къепха еджапIэхэм щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, зауэм и ветеранхэр, щIыпIэ администрацэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэр.
Япэ жыг 25-р Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и щыхьэрым щыхасащ мэлыжьыхьым и   16-м, адэкIэ Iуэхум щыпащэнущ Грозный, Ставрополь, Магас, Налшык, Владикавказ, Мэхъэч­къалэ къалэхэм. Иужьрей жыгхэр щыхасэну я мурадщ КИФЩI-м и къалащхьэм - Псыхуабэ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: