Неслихан адыгэлъ зэрыщIэтым фыщыгъуазэ?

Тырку къэралыгъуэм и актрисэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэу мы зэманкIэ къалъытэ Атагюль Неслихан и адэр адыгэщ, и анэр урысщ. 
Хъыджэбзыр шыщхьэуIум и 20-м 1992 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ. Унагъуэр хуэмыщIауэ псэурт. И анэм бынитI (Неслиханрэ Илкъанрэ) ипIу унэм щIэст. 
Неслихан иджыри цIыкIу дыдэу актёр IэщIагъэм ехъуэпсэн щIидзат. Ар зэплъа фильмхэм хэтахэм запищIыжырт, езыри абыхэм я гъусэу джэгуу къыпщигъэхъуу. И зэфIэкIымрэ и теплъэ зэкIужымрэщ Неслихан и унагъуэр тхьэмыщкIапIэм къизышари. Хъыджэбзым и адэр лъэпкъкIэ Къэрэшей -Шэрджэсым, и анэр Беларусым щыщти, лъы зэхэдзэм и фIыгъэкIэ пщащэр къызэрымыкIуэу дахэ хъуащ. Неслихан и гуакIуагъэм, актёр Iэзагъым пасэу гу лъызыта и анэм абы и сурэт зыбжанэ моделхэр щагъэхьэзыр IуэхущIапIэхэм яхуигъэхьащ, зэпеуэхэм хигъэхьащ. Арати, илъэс 13-м ит тхьэIухудым гу къылъатэри, рекламэм хэтыну къыхуагъэлъэгъуащ. Дауи, ар занщIэу арэзы хъуат. 
ГъэщIэгъуэнракъэ, ар камерэм щымышынэу, зимыкъузу, хуиту зиIыгът. Аращ абы етIуанэ лъэбакъуэ ичынымкIэ сэбэп къыхуэхъуари. Ар иджыри балигъыпIэ иуватэкъым бренд цIэрыIуэхэу «Tofita», «Sutas», «Valenza Kids» хуэдэхэм къыщIагъэкIхэр игъэлъагъуэ щыхъуам. Ауэ адыгэ пщащэм и мурадхэр нэхъ жыжьэ кIуэрт. ИкIи, куэд дэмыкIыу, Неслихан и хъуэпсапэхэр къехъулIащ. 
Киностудием и продюсерхэм, тхьэIухудым и зэфIэкIым гу къылъатэри, илъэс 14 ныбжьым иту ар ирагъэблэгъащ «Япэ лъагъуныгъэ» гушыIэ фильмым хэтыну. Абы Iэзэу щыджэгуа Атагюль «Дыщэ налъэ» фестивалым саугъэт щхьэхуэ къыщыхуагъэфэщат. Кином лъапэ махуэ хэзыча актрисэр Тыркум щыцIэрыIуэ «Тхьэмпэ пылъэлъыжыгъуэ» проектым и серие 34-ми щыджэгуащ. 
Адыгэ пщащэм къыгурыIуэрт, кином и дунейм ехъулIэныгъэ инхэр ущиIэн папщIэ, дахагъэ къудейкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. ИкIи курыт еджапIэ нэужьым актёр Iэзагъэм хуеджэну щIэтIысхьащ. Ар щыджэгуащ 2013 гъэм траха «ГъэкъэбзапIэ» фильмым. Зехра и ролым абы киноприз зыбжанэ къыхуихьащ. 
Ди лъэпкъэгъу хъыджэбзыр «Истамбыл и напитI» сериалым щыджэгуащ. Сафэ Пеями и «Фатихь» романыр зи лъабжьэ фильмым хьэблэ тхьэмыщкIэ гуэрым и гугъу ещI. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэ Нериман и ролыр Неслихан егъэзащIэ. Картинэр щытрахым, ар и насып зыхэлъ щIалэм - Догулу Къадир - хуэзащ. Сценарийм зэритымкIэ, абыхэм лъагъуныгъэшхуэ зэхуащI. НыбжьыщIитIыр «джэгуурэ» унагъуэ хъужащ. 
2015 гъэм «Уэ къыпщIэнар» фильмыр дунейм къытехьащ. Ар Европэми щагъэлъэгъуати, актрисэ щIалэр занщIэу цIэрыIуэ хъуат. Къуажэм къыдэкIа хъыджэбз къызэрыгуэкIым и роль егъэзащIэ Неслихан, абы фIыуэ елъагъу унагъуэ беижьым къыхэкIа щIалэр. 
Урысейм Неслихан къыщацIыхуащ «КIэ зимыIэ лъагъуныгъэ» сериалымкIэ. 
2018 гъэм актрисэр удихьэхыу щоджэгу «ЛъащIэ» фильмым. Абы зи роль игъэзэщIа Бильге психиатр цIэрыIуэ Саххир и гъусэу мэлажьэ. Абыхэм пщащэм и адэ хъыбарыншэу кIуэдар къалъыхъуэ. 
Неслихан инстаграмым щызэригъэпэща напэкIуэцIым ныбжьэгъуу мелуан бжыгъэ щиIэщ. Ар щытхъуми убэми есэжащ. Езым зэрыжиIэмкIэ, абы цIыхухэм ятх псалъэ жагъуэхэр къыфIэIуэхукъым. «Сэ сытым дежи къэслъыхъуэри слъагъури дахагъэщ. МыхъумыщIагъэ цIыхум дэслъагъумэ, а мыхъумыщIагъэр сэращ зыхэлъыр. Дахагъэ, телъыджэ слъагъумэ, ар къызыпкърыкIыр сэращ», - жеIэ Неслихан. 
 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: