Гуапагъэр бгуэшыхукIэ мэбагъуэ

Iуэху гуапэ пщIэхукIэ, псэм гурыфIыгъуэкIэ зегъэнщIри, пщыз хъуа гуапагъэмкIэ аргуэру уогуашэ! БгуэшыхукIи нэхъри мэбагъуэ фIыр. Ар ягъэунэхуащ «Ппэгъунэгъум дэIэпыкъу» сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм. Абы и унафэщI Сыжажэ Алим къытхутепсэлъыхьащ гупым и IуэхущIафэхэм. 
КъежьапIэр
- «Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» зэгухьэныгъэм къежьапIэ хуэхъуар щIалэгъуалэ зэхуэсщ. Гъэмахуэ лагерь зэхуэтшэсри, дызэрыцIыхуу, ди Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм дызэхуеплъу, дызэрыIуэтурэ дыкъекIуэкIащ. Дызэхэплъэжщ, дызэпхыдэIукIри, гу лъыттэжащ ди гупсысэкIэхэр зэрызэщхьэщыкIым. езым жиIэр фIэзахуэрэ нэгъуэщIым и гупсысэр зыфIэмыхъумыщIэ зэрыщыIэм, зыгуэрым игъэхъыбарам псори тращIыхьыну зэрыхьэзырым. Псоми тхэлъщ а хьэлыр. Псалъэм папщIэ, Псалъэм папщIэ, Кавказым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, ислъам диным теухуа хъыбар шынагъуэхэр нэгъуэщI щIыпIэхэм щхьэ щыIурэ? Щхьэ щыIэ апхуэдэ гупсысэкIэ? ЩIыщыIэри? Дэ езым къытхэкIа гуэрхэм я фэ къыдаплъри аращ. Щапхъэ. Такси къэзогъэувыIэ сотIысхьэри, занщIэу ахъшэ естын хуейуэ къызжеIэ. Си жагъуэ мэхъу. «Дауэ апхуэдэфэ къызиплъа, къэзгъэпцIэну щхьэ игугъэхха?»,- согупсыс. Ауэ абы зыри и лажьэкъым. Лажьэ зиIэр япэкIэ абы и машинэм итIысхьа гуэрщ. ТIэурэ-щэрэ къагъэпцIащи, абыхэм я фэ къызеплъри, ещанэуи зыкъримыгъэгъэпцIэн щхьэкIэ Iэмал хуекIуэу аращ. Къапщтэмэ, зыщIэзгъэгусэн хэлъкъым абы къызжиIам, сыкъыщимыцIыхукIэ, дзыхь къыщIысхуимыщIым и щхьэусыгъуэр къызгуырIуэн хуейщ. ЖиIар занщIэу згъэзащIэмэ, сэри сыздежьам щIэхыу сынэсынущ, езыми и гур псэхужынущ. 
ЦIыхур щапхъэ дахэ зэрыхъуным, и лъэпкъ, хэку, дин, адэ-анэм я щIыхьыр зэрихъумэным хущIэкъун хуейщ. Дыпсэлъамэ, ди адэ-анэр фIыуэ тлъагъуу жыдоIэ. Ауэ дауэ ар къызэрыдгъэлъагъуэр, псалъэкIэ мыхъуу? Дауэ абыхэм я пщIэр зэрытIэтынур? Къытхалъхьа гъэсэныгъэр дгъэлъагъуэурэ. Дымыгъэлъэгъуэфрэ, жытIа псор псалъэ гъущэщ, пцIыщ. Ар хуэгъэзащ лъэпкъми динми. «Сэ си диныр ууейм нэхърэ нэхъыфIщ» жысIэу нэгъуэщIым и диныр езудыхын щIэздзэмэ, сысейр абы нэхъыфI щIэхъукIынукъым. Езыми сэ си диныр ириудыхыжынущ. Сыту жыпIэмэ, абы фIыуэ илъагъур сэ згъэикIэну иужь сихьащ. «НэгъуэщIым и Iейр умыуб уи фIыр яубыну ухуэмеймэ», - жиIащ Мухьэммэд бегъымбар лъапIэм. Уэ уи диныр нэгъуэщIщ, уэ укъызыхэкIа лъэпкъыр сэ сыкъызыхэкIаракъым жытIэу зызэхэдмыдзу зы дызыщIыр къэтлъыхъуэн хуейщ. Сыт псори зы дызыщIыр? Псапэ щIэным. Алыхьым зэмыщхьу дыкъыщIигъэщIар дызэрыцIыхуу, зыр адрейм дыдэIэпыкъуу цIыхум сэбэп дахуэхъунуращ. 
Мис апхуэдэ гупсысэхэм тещIыхьауэ къызэдгъэпэщащ «Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» сабий-ныбжьыщIэ зэгухьэныгъэр. Абы и унафэщIу сыщытыну я дзыхь къызагъэзащ. 20I3 гъэм и жэпуэгъуэм щегъэжьауэ долажьэ. Дэтхэнэми и мурадрэ и гупсысэрэ додаIуэ. Си закъуэу зэгухьэныгъэм и унафэ сщIыркъым - ди правленэм цIыхуибгъу хэтщи, дызочэнджэщ. 
IуэхущIафэхэр
- Япэ дыдэу зэфIэдгъэкIар «Зэныбжьэгъугъэм и пщэфIапIэ» зыфIэтща Iуэхурщ. Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмкIэ я центрхэм ди мурадым теухуа хъыбар едгъэщIащ. Iуэхум къыхэтшащ сабий зеиншэхэри. 
Дызэхуэсри, лъэпкъ къэс я шхыныгъуэ япщэфIащ, ар зэращIым тедгъэпсэлъыхьащ. Ерыскъым нэхъ зэпэгъунэгъу узыщI щыIэу къыщIэкIынкъым. Абы щыхьэт техъуащ мы зэIущIэри. ЯпщэфIахэр къатщтэри, жьы хъуахэр щапIыж унэм дыкIуащ сабий зеиншэхэр, лъэпкъ центрхэм я лIыкIуэхэр ди гъусэу. ЖьыкIэфэкIэм я нэгу зедгъэужьащ. НыбжьыщIэхэм уэрэдкIэ, къафэкIэ утыкур ягъэдэхащ, нэхъыжьхэр къагъэфащ, я гукъыдэжыр къаIэтащ. Гъэсэныгъэ мыхьэнэ зыбжанэ хэлъащ а Iуэхум: зы зеиншэр нэгъуэщI зеиншэм дэIэпыкъуфу егъэсэныр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ дахэ куэд зэрыщыIэр ныбжьыщIэхэм къегъэщIэныр, зэхэпшэурэ зэрыгъэцIыхуныр. Апхуэдэу, мылъку зэхуэтхьэсри дадэIэпыкъуащ Психоневрологие диспансерым щIэлъхэм. Даун сабийхэм папщIэ къызэдгъэпэщауэ щытащ «Дыгъэ бынхэм - махуэ уэфI» зэхыхьэр. Абыхэм я адэ-анэхэм егъэлеяуэ я гуапэ хъуат я быным яхуэтщIа гулъытэр. ЕдгъэкIуэкIащ «Гугъэ хъуаскIэ» концертыр. Абы къыхэкIа мылъкумкIэ дадэIэпыкъуащ сабий сымаджэхэм. 
ЩIыуэпсым и къабзагъэр хъумэным епха лэжьыгъи идогъэкIуэкI. Зэгуэр телевизорымкIэ слъэгъуат щIэныгъэлI Хьэтыхъу Аубэчыр зыхэт нэтын. Налшыкыпс къыхэлъэдэж псы цIыкIур Iисраф зэращIам теухуат ар. Зэгухьэныгъэм хэтхэм мурад тщIащ псыр гъэкъэбзэжыным ди къару гуэр етхьэлIэну. Къабзагъэм теухуа къыхуеджэныгъэхэм я баннер нэхъыфI къыхэхынымкIэ зэпеуэ едгъэжьащ, интернетым хъыбарыр къитлъхьащ. Зыдгъэхьэзырыну зэман хъарзынэ диIэт - щIымахуэм псы Iуфэр щIагъуэу пхуэгъэкъэбзэнутэкъыми, гъатхэм дыпэплъащ. Министерствэ зыбжанэм зыкъытщIагъэкъуащ, дызэрылэжьэн Iэмэпсымэ къытхуащэхуащ. Абы къинэмыщIауэ, КъБР-м ис Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ ди зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу тIэу дгъэкъэбзащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Абыи мыхьэнэ иIэщ - нэгъуэщIым хыфIидза пхъэнкIий зэщIэзыкъуэжа ныбжьыщIэм езым и кIэрыхубжьэрыху зыщIыпIэ къыщигъэнэну си фIэщ хъуркъым. ТхузэфIэкIам ящыщщ ящыщщ II5-нэ шуудзэм я фэеплъу ХьэтIохъущыкъуей хадэм жыгыщIэ цIыкIухэр зэрыщыхэтсари. Проектыр зыгъэхьэзырар ЕхъулIэ Къантемырщ. 
P.S. Сыжажэ Алим и нэIэ щIэт зэгухьэныгъэм и дамыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ Iуащхьэмахуэрэ ди республикэм и ныпымрэ. Абы къыбжеIэ гупым я IуэхущIафэхэр зэрыкъабзэр, я мурадхэр зэрыдахэр. 
 

Махуэщ Шумахуэ.
Поделиться: