Ди зэхуэдэ пщэрылъщ

ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм (ООПТ-хэм) гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм траухуа Iуэхугъуэхэм «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъкIэ» («March for Parks») йоджэ. Мы гъэм ахэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 200-м щIигъум мэлыжьыхьым и 21-м къыщыщIэдзауэ и 30 пщIондэ щрагъэкIуэкI.
Жылагъуэм, властым, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм хуащI гулъытэм хегъэгъэхъуэным, къытщIэхъуэ щIэблэр дыкъэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуищIу гъэсэным хуэгъэза, «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» зыфIаща Iуэхугъуэр I990 гъэм япэ дыдэу США-м щекIуэкIащ.
ИужькIэ, I995 гъэм, «Лъэпкъ паркхэмрэ мэзкъуэдыхэмрэ» я махуэхэри къэунэхуащ. Ахэр Урысей Федерацэм «къыщысар» I996 гъэращ, «ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсыр хъумэнымкIэ центр» псапащIэ фондым и жэрдэмкIэ.
Ди къэралым «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щызэдагъэлъапIэ ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм (ООПТ-хэм) я IэщIагъэлIхэм, Урысейм дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм («Росприроднадзор»), ЩIыпIэ пхыдзахэмрэ абыхэм щыпсэу псэущхьэхэр хъумэнымкIэ центрым, зэрыщыту къатщтэмэ, жылагъуэм. А псоми я къызэгъэпэщакIуэщ къэралым ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэр, УФ-м и Къэрал Думэм ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ и комитетыр, Урысей Федерацэм и Президентым деж щыIэ Жылагъуэ палатэр, властым и федеральнэ IуэхущIапIэм и къудамэхэу щIыналъэхэм щыIэхэр.
УФ-м «ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу» I00-м щIигъу итщ. Абыхэм я Iыхьэ щанэр, ЮНЕСКО-м къызэрыщалъытамкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм биологие и лъэныкъуэкIэ и хъумапIэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ.
Iуэхур къезыхьэжьахэм зи гугъу тщIы махуэхэм мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ цIыхухэр щызэхуашэс, жыгыщIэхэр щагъэтIыс, кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэс, псынащхьэхэр щагъэкъабзэ, абы зыкърезыгъэхьэлIахэр дерс гъэщIэгъуэнхэм щыщIагъэдэIу. А псоми я мыхьэнэр зыхуэкIуэжыр зыщ: властыр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, ЩIы Хъурейм цIыхуу тетыр егъэгупсысынырщ яхъумэ щIыпIэхэм гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрыхуэсакъыпхъэм, щIыпIэ пхыдзахэр зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр, къэкIыгъэхэр щытыкIэ гугъум зэриувам жылагъуэр щыгъуазэ щIынырщ, къытщIэхъуэ щIэблэр щIыуэпсыр хъумэным хуэущиинырщ.
Ауэ щыхъукIи, а махуэм и къалэн нэхъыщхьэр псоми ди зэдай «Унэм» - ЩIы Хъурейм щысхьыныр ди зэхуэдэ пщэрылъу зэрыщытыр цIыхуцIэ зиIэм дигу къэдгъэкIыжынырщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ