Гъуэгум

Уэшх къешхыу щIалитI гъуэгум ирикIуэрт. УэрамдэкI гуэрым нэсауэ хуэзащ гъуэгум ирижэ псыхьэлыгъуэм зэпрымыкIыф хъыджэбзым. Зы щIалэм ар псы шэдым зэприхащ. Я гъуэгу теувэжа нэужь мыдрейр щымт, зыгуэрым егупсысу. Хуэмышэчыжу япэм ехъурджэуащ.
- Умуслъымэну къезэгъыркъым а хъыджэбзыр шэдым зэрызэпрыпхар, сыт ухуейми жыIэ.
- Сэ ар псы инам къызэпрысхри абдеж къыщызгъэнащ. Уэ иджыри уимыутIыпщауэ ар уи гупсысэм хэтщ, - къитащ жэуап мыдрейм.

Поделиться: