Дыгъэ нэгъуджэми тхыдэ иIэщ

Дыгъэ нэгъуджэр къыщежьа зэманыр нэсу зэхэкIакъым. Къапщтэмэ, пасэм, Ищхъэрэ Жыжьэм щыпсэухэм уэсым я нэхэр щимыгъэункIыфIыкIын щхьэкIэ къагъэсэбэпу щытащ пхъафэм, фэм е къупщхьэм къыхэщIыкIа, псыгъуэ дыдэу къибзыкIа нэIулъхьэхэр. Совет тхакIуэ Рытхеу Юрий «Сон в начале тумана» и романым мыпхуэдэу щыжеIэ: «Дыгъэр пасэу къыщIэкIырти, нэпкъхэм я ныбжь кIыхьхэм зызэхуашэжырт. Уэсым нэр щигъэункIыфIыкIырт. Я нэхэр щIимысыкIын щхьэкIэ, щакIуэхэм къагъэсэбэпырт фэм къыхэщIыкIа, псыгъуэ кIыхьу къибзыкIа нэгъуджэ. Абыхэм нэм къиплъысынур куэдкIэ ягъэмащIэрт. Ауэ уэсым тецIуукI дыгъэ бзийхэм ущахъумэрт».
Пасэрей Мысырым нэгъуджэр щыгъуэтыгъуейти, зыхузэфIэкIхэрт зезыхьэр. Псалъэм къыдэкIуэу: Тутанхамон и бэным археологхэм къыщагъуэтауэ щытащ налкъут удзыфэ пIащIэпсым къыхэщIыкIа, жэз псыгъуэкIэ зэрыгъэубыда нэгъуджэ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ар фараоным къигъэсэбэпу щытащ и нэхэр дыгъэ бзийм щихъумэн папщIэ.
ЛIэщIыгъуэхэр дэкIауэ, дыгъэ нэгъуджэхэр Урымым къыщагъэсэбэп хъуащ. Пащтыхь Нерон унафэ ищIауэ щытащ гладиаторхэр щызэрагъэзауэкIэ хуиту еплъын папщIэ налкъут удзыфэм нэгъуджэ къыхухащIыкIыну.
Иджырей нэгъуджэхэм нэхъ япэгъунэгъуу жыпIэ хъунущ кварц яжьафэм къыхэщIыкIа линзэхэр илъу ику ит лIэщIыгъуэхэм Китайм щащIу щытахэр. Ауэ абыхэм ягъэзащIэртэкъым нэхэр дыгъэм щыхъумэн къалэн. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ ахэр къагъэсэбэпу щытащ судыщIэхэм. ХеящIэ Iуэхур щрагъэкIуэкIкIэ я нэкIум къытещынкIэ хъуну щытыкIэр нэгъуджэм къуагъапщкIуэрт. XV-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Китайм и император Ион Ло итальян сондэджэрхэм нэф нэгъуджипщI тыгъэ хуащIауэ щытащ. Пащтыхьым ахэр кварц яжьафэкIэ иригъэгъэуфIыцIри, Фемидэм и лэжьакIуэхэм яIэригъэхьащ. КъызэрыгуэкIхэм апхуэдэ нэгъуджэхэр я пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Губгъуэм щилэжьыхьым деж дыгъэ гуащIэм я нэхэр щахъумэн папщIэ, щэкI бзыхьэхуэ псыгъуэу хэбзауэ Iуапхэрт.
Европэм дыгъэ нэгъуджэр XVIII-нэ лIэщIыгъуэм икухэм нэсауэ хуагъэфащэ. Инджылыз IэпщIэлъапщIэ Джеймс Эскью абдж щIыхумрэ удзыфэмрэ къыхищIыкIат ахэр. АрщхьэкIэ езым нэсу зэхигъэкIатэкъым и IэдакъэщIэкIхэр дапхуэдэу къэбгъэсэбэпыну къезэгъми. Нэф нэгъуджэу къилъытами, зи нэ имылъагъухэм ар зыкIи сэбэп яхуэхъуртэкъым. Апхуэдэу Эскью и нэгъуджэ зэмыфэгъухэри хуэмурэ яIэщIэгъупщыкIыжащ.
Ауэ абыхэм я модэм къигъэзэжащ Бонапарт Наполеон мыхьэнэ ярита нэужь. Нэгъуджэ къызэрыгуэкIхэр пIащIэу зэIыха лэчкIкIэ иригъалэт е кIэгъуасэ щригъахуэрти, сэлэтхэм яхуригъашэрт. Абы дыгъэ бзий гуащIэм щихъумэрт я нэхэр.
XIX-нэ лIэщIыгъуэм промышленностым фIыуэ зиужьащ. Абы къыдэкIуэу, дыгъэ нэгъуджэхэми цIыхухэр хуэныкъуэ хъуащ. МафIэгу, кхъухьлъатэ, автомобилхэр къежьа нэужь, дыгъэ нэгъуджэми цIыхухэр хуэныкъуэ хъуащ. Нэхъ пасэхэм къулейхэм напэпкъ хужь яIэну яфIэфIти, дыгъэм зыщахъумэрт жьауэкIэ, шляпэкIэ. Автомобильхэр къежьа нэужь, сэбэп къахуэхъуащ дыгъэ нэгъуджэр. Япэрей автомобильхэм щхьэ ятелътэкъыми, жьапщэми дыгъэми щызыхъумэр нэгъуджэрт.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ кхъухьлъатэзехуэхэм Iэмалыншэу яIэн хуей хъуащ нэгъуджэ фIыцIэхэр. КъызэрыгуэкI линзэхэм дыгъэпс гуащIэм щихъумэфыртэкъым я нэхэр. I937 гъэм Bausch + Lomb компанием зи линзэхэм ткIуэпсым и теплъэр иIэ «авиатор» зыфIаща нэгъуджэхэр дзэ кхъухьлъатэзехуэхэм папщIэ къыдигъэкIыу щIидзащ. Псом хуэмыдэу «авиаторыр» цIэрыIуэ хъуащ 60 гъэхэм я кIэухым, «Беспечный ездок» фильмым и фIыгъэкIэ. Фонд Питер нэгъуджэр екIурт.
ЦIыху къызэрыгуэкIхэм я деж дыгъэ нэгъуджэхэр зэлъэщIэгъэIэса хъуным и гуащIэ хилъхьащ американ хьэрычэтыщIэ Сэм Фостер Грант. I9I9 гъэм абы къызэIуихащ абдж зэмыфэгъухэр зэрылъ нэгъуджэ къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэ. И IэдакъэщIэкIхэр езым Атлантик-сити Iуфэм щищэу иригъэжьат. Ноби цIэрыIуэщ абы къызэригъэпэщауэ щыта Foster Grant компаниер. Бренд хъуауэ абы къыщыщIагъэкI нэгъуджэхэр Голливудым и артистхэрщ рекламэ зыщIыр. Къапщтэмэ, артистхэми я гум дыхьащ нэгъуджэхэр. Абыхэм гу лъатащ нэзэрыхъэр, накIэр зэмылъэу яхъумэнымкIи ахэр зэрысэбэпым. Хепберн Одрирэ Монро Мэрлинрэ я фIыгъэкIэ лIэщIыгъуэ блэкIам и 60 гъэхэм цIэрыIуэ хъуауэ щытащ «Кошачий глаз», «Стрекоза» зыфIаща нэгъуджэхэр.
XX – нэ лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм Джорджио Армани, Ромео Джильи сымэ къагупсысащ нэгъуджэм и дизайныщIэ икIи езыхэм я цIэхэр фIащыжащ.

Зыгъэхьэзырар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: