Бухгалтер АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, уеблэмэ «SaiJamin» зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы цIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэхьэзыра лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуэну хунэсащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм. Абы утыку кърихьа щыгъынхэр къытрадзэжащ L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм.
Дэным зыкIи пымыщIа хъыджэбзым лъэпкъ хабзэмрэ иджырей модэмрэ щызэхэухуэна щыгъынхэр идыну япэу игу къыщыкIар Тбилиси зыгъэпсэхуакIуэ кIуауэ зы шоу-рум гуэрым ирихьэлIа нэужьщ. ДизайнымкIэ москва академием къызэригъэпэщ курсхэм я зым ар щеджащ, икIи мазибгъум къриубыдэу эскиз ищIу зигъэсащ, дэным, маркетингым, нэгъуэщIхэми щыгъуазэ захуищIащ. Нэхъ гъэщIэгъуэнрати, и сабийхэр игъэжеижа нэужьт, абы еджэным щыщIидзэр.
- Сыт щыгъуи щыгъын дахэхэр сфIэфIт, уеблэмэ сэ зесхьэхэр къэхъурт дизайнерхэм я деж къыщыс щэху. Ауэ зэи сигу ирихьу щытакъым цIуугъэнэхэр. Арати, сегупсысащ егъэлея зыкIэрымылъ ди лъэпкъ фащэр иджырей дизайным къыщызгъэсэбэпыну, - жеIэ АфэщIагъуэм. - Куржым цIыхубз бостейхэр хьэзыркIэ ягъэдэхауэ зэрыщыслъэгъуар къэсщIэжри, абыхэм къащхьэщыкIыу, сэ а пкъыгъуэхэр Iэщхьэми, бостеикIэхэми, уеблэмэ бэлътоми къыщызгъэсэбэпащ. ЦIыхубз фащэм и Iэщхьэтелъым хуэдэкIэ гъуэншэдж зыпыт кIэстумыр иризгъэдахащ. Апхуэдэу си диплом лэжьыгъэр - Circasso - згъэхьэзырауэ щытащ. Абы щыгъуэм къызжаIат иджырей фэилъхьэгъуэхэм лъэпкъ дамыгъэхэр хэухуэнауэ дыныр зэи модэм зэримыкIынур.
Джамилэ лъэпкъ дамыгъэхэмрэ хэдыкIхэмрэ я закъуэкъым тегъэщIапIэ ищIыр. Ар нэхъыбэу зыхэтыр иджырей щыгъынхэм лъэпкъ гупсысэ, хабзэ, щэн къызэрыщигъэлъэгъуэнырщ.
- Нэгъабэ жэпуэгъуэм екIуэкIа Mercedes-Benz Fashion Week Russia Iуэхум и саугъэт къэсхьын дэнэ къэна, си гугъатэкъым си лэжьыгъэхэр кIуэцIрыкIыххэну. АрщхьэкIэ «Iуащхьэмахуэ» зыфIэсща фэилъхьэгъуэ-хэр (20 хъун хуейт) гуп зэщIэзгъэуIуам и гъусэу тхьэмахуитIым и кIуэцIкIэ дгъэхьэзырри, щIэупщIэшхуэ яIэ хъуат, - жеIэ хъыджэбзым.
Абы къыкIэлъыкIуэу АфэщIагъуэр ирагъэблэгъащ Япэ каналымкIэ екIуэкI «Модный приговор» нэтыным икIи и фэилъхьэгъуэу 8 щагъэлъэгъуащ, Бэрбэч Аскэр и уэрэдыр къеуэу. Фэилъхьэгъуэхэм ятеухуауэ Джамилэ триха видео кIэщIри абдеж утыку къыщрахьащ, езыр хэтыну кIуэфатэкъыми.
АфэщIагъуэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэр адрей дизайнер-хэр зэрылажьэм къащхьэщокI - ар псом япэ щэкIым еплъмэ нэхъ къещтэ, апхуэдэу фэилъхьэгъуэр и нэгу къыщIоувэ. ИтIанэщ эскизым щетIысылIэр. Бзылъхугъэм и фэилъхьэгъуэхэр ягу зэрыдыхьэр нэры- лъагъу ещI езым и щэхуакIуэхэр иIэ зэрыхъуам.
Хьэлэмэтращи, дэрбзэр цIыхубзым и IэдакъэщIэкIхэм гу къылъатащ куржы, урысей уэрэджыIакIуэ Топурие Кетирэ телевиденэм нэтын щезыгъэкIуэкI Лопырёвэ Викториерэ икIи зэгурыIуэныгъэкIэ абыхэм фэилъхьэгъуэхэм ящыщ яхуригъэшащ. Джамилэ и хъуэпса-пIэр и IэдакъэщIэкIхэр Тбилиси щекIуэкI шоу-румхэм щигъэлъэгъуэнырщ - абдежщ и IэщIагъэм теухуа гупсысэхэр къыщыушари.