Ухуэныгъэм зыщIагъакъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм и штабым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм ухуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэмкIэ и министр Файзуллин Ирек, хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэр.

Зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэмкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр здынэсам. Хуснуллин Марат жиIащ ухуэныгъэ IэнатIэм зыщIигъэкъуэн папщIэ, Правительствэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу кризисым зэрыпэщIэтын Iэмалхэр зэриубзыхур. БлэкIа тхьэмахуитIым зэлэжьахэм ящыщщ ухуэныгъэм ехьэлIа хабзэхэр нэхъ тынш щIауэ щIэгъэхуэбжьэныр. Апхуэдэуи ухуэныгъэм папщIэ ­кърата хуитыныгъэм и пIалъэр 2022 гъэм шыщхьэуIум и 1-м иуххэм, ар зы илъэскIэ хупащэ, дэфтэр ягъэхьэзырын хуэмейуэ. Абы хохьэ къалэм щекIуэкI ухуэныгъэхэри, щIы Iыхьэхэм хуаубзыхуа планхэри. Iуэхур щекIуэкIыну щIыпIэм и планировкэм хэплъэнри ма­хуипщIым къриубыдэу зэфIагъэкIыу ящIащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым иригъэфIакIуэ зэпытщ псэупIэ­хэр, гъуэгухэр, IуэхущIапIэхэр ухуэныр, къалэхэр зыхуей хуэгъэзэныр, - щитхащ КIуэкIуэм и телеграм-каналым. Налшык къалэ - цIыху 1500-рэ щIэхуэу, Бахъсэн 1224-рэ щеджэну щыдухуэну школхэм теухуа зэгурыIуэныгъэхэр зэтщIылIащ. А проектхэм дэтхэнэми сом мелардым щIигъу ехь, 2023 гъэм и дыгъэгъазэм ттыну ди гугъуэщ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, «Иджырей школ» федеральнэ проектымрэ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектымрэ япкъ иткIэ, мы гъэм школипщI зэуэ ­доухуэ. Налшык къалэм дыщолэжь мылым утету къыщыбжыхь хъуну щIыпIэм, Новая Балкарие щаухуа сабий гъэсапIэр, Бахъсэн курыт еджапIэ №6-м хэт, Ташлы-Тала зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щаIыгъ IуэхущIапIэр яхудогъэхьэзыр. Къыдэдгъэхуа ахъшэр къэдгъэсэбэпу, Тырныауз и Молодежнэ уэрамым тет скверыр зыхуей хуэдгъэзэжыну тедухуащ».
Апхуэдэу школипщI щаухуэнущ Налшык, Бахъсэн, Нарт­къалэ, Прохладнэ (2), Май къалэхэм, Псынабэ, Красно­сельскэ, Сэрмакъ, Куба къуажэхэм. КъищынэмыщIауэ, дызыхуэкIуэ илъэситхум къриубыдэу школ 63-рэ къызы­хуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ.
«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хиубыдэу, Лышх узыфэм щеIэзэ диспансерыр и кIэм нагъэсынущ. 2023 гъэм и кIэ хъуху яухынущ зы жэщ-махуэм цIыху 500-м медицинэ Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфыну Налшык къалэм щаухуэ поликлиникэ №1-ри.
Гъэмахуэм къриубыдэу Шэрэдж Ищхъэрэ щащIынущ футбол щыджэгу губгъуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу жылагъуэм я зыгъэпсэхупIэ щIыпIэу 12 дахэу зыхуей хуа­гъэзэнущ, абыхэм ящыщщ Налшык къалэ щIэуэ дащIыхьыну сквери 7-ри.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: