Рулым дэсхэм чэфхэри къахокIКъБР-м и Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм «Нетрезвый водитель» зи чэзу рейдыр щрагъэкIуэкIым зы жэщым къриубыдэу къыщIагъэщащ цIыху 50-м нэблагъэм автомобилыр зегъэкIуэным теухуа хабзэр къызэрызэпаудар. Чэфу рулым дэсу яубыдащ цIыху 12, ар наIуэ къэзыщI медицинэ къэпщытэныгъэми абыхэм зыпыIуадзащ. Транспортыр зэрагъэкIуэну хуит зыщI тхылъ ямыIэу рулым дэст цIыху 29-рэ. А жэщым яубыдахэм ящыщу плIыр аргуэру къыщIэхуауэ арати, ахэр Уголовнэ кодексым и 264.1 статьям къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм хуэдэхэмкIэ зэрагъэкъуаншэм теухуа тхылъхэр ягъэхьэзыращ. ГъэувыпIэ хэхам къыщыхутащ автотранспорт 33-рэ. Гъуэгу плъырхэм республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ зыхуагъазэ рулым дэсыр чэфу гу лъатамэ е гъуэгум щытыкIэ шынагъуэхэр къыщигъэхъумэ, абы теухуа хъыбар хабзэхъумэхэм ирагъэщIэну 8 (8662) 49-50-62, 96-10-00, 91-10-96 е 102 телефонхэмкIэ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 16:32 →
Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ
24.04.2024 - 14:28 →
«Дунейр къызэхэкIухьи, уи унэжь екIуэлIэж»
24.04.2024 - 14:27 →
ЩIыналъэм зиужь зэпытщ
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|