Къалащхьэм и фэеплъхэр

Налшык и мащIэкъым гъуэгуанэ кIыхь къызэпызыча тхыдэ фэеплъхэр, ирехъу ар унэ, уэрам, монумент. Абыхэм ящыщ куэдым ди цIыхур щигъэгъуэзащ тхакIуэ, лъахэхутэ цIэрыIуэ Котляров Виктор.

 Къапщтэмэ, куэдым ящIэу пIэрэт КIыщокъуэм и уэрамым къыщыщIидзэ уэхым ноби къинауэ ит унэ цIыкIухэм ящыщ зым щыпсэуа сурэтыщI цIэрыIуэ Алехин Алексей и деж Толстой Лев щыхьэщIауэ зэрыщытар, хьэмэрэ Москва и «Ромен» цыджан музыкэ-драмэ театрым и солист уэрэджыIакIуэ Черная Ляля а хьэблэ дыдэм къызэрыщыхъуар.

 Си насыпым скърихьэкIри, Виктор а тхылъхэм щелэжь зэманым щIыпIэ куэдым и гъусэу сыкъыщыздришэкIат, сюжету трызигъэхрэ эфирым занщIэу етту. Съемкэхэм ящыщ зым ар къызэупщIащ ОДС уэрамым сыт хэпщIыкIрэ, жиIэри. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, зэи зэхэсхатэкъым. Абы нэхъ къыпимыщэу машинэм дригъэтIысхьэри дыIуишащ.

ДыкъыщикIа щIыпIэр уэрамым нэхърэ уэрамдыхьэм нэхъ хуэкIуэу пIэрэ жыпIэу, зэв-кIэщIт, ныбжьышхуэ зэраIэр плъагъуу, унэ зыбжани щызэхэту. Подъездхэм ящыщ зым дыщIыхьащ. Нэм илъагъур фIэщщIыгъуейуэ, дэнэкIи фIэлът Сталиным и зэманым щыIа плакатхэр, музей экспонатхэм къазэрыщхьэщыкI щымыIэу. Унэм ныбжь зиIэ куэд щыпсэурт. Абыхэм ящыщ зы нанэ цIыкIу гуапэу къыдбгъэдыхьэри дыщIигъэдэIуащ а плакатхэм я ныбжьыр зэрыхъуми, ахэр а щIыпIэм къызэрыщыхутами…

Абы лъандэрэ зэманыфI дэкIа пэтми, мы махуэхэм гупыж сщIащ ОДС уэрамыр къэзгъуэтыжу, ар щыIэжыххэмэ, иджыри зэ зыщысплъыхьыжыну.

КъызэрызгубзыгъыжымкIэ, ар Арманд Инессэ и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ 9 Мая уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм хуэзэрт…

Зэманыр къыщыувыIам хуэдэу щымт, цIыхуншэт уэрам цIыкIур… Хъуреягъым щызэхэт къулыкъущIапIэ унэхэмрэ иджырей фэтэр зэтетхэмрэ я щIыбагъым хуиту къыдэщырт тхьэрыкъуэхэм я тIысыпIэ унащхьэ кугъуанэ зэпэхъурейхэр. ПлIанэпэм щыт унэхэм ящыщ зым IупщIу тетщ ОДС №5-нэ. Псэут уэрам цIыкIур, хъуреягъыр зэщIэгъэкъэбзарэ бжэIупэхэм удз гъэгъахэр щыхэсэжауэ. Псом нэхъ гуапэр, зэман блэкIам и фэеплъу сэху тхьэмбылыфэ къыдекIуэкIа нэгъунэ зэрамыхъуэжарт. Сыти жыIи, Налшык хуэдэу фэеплъхэм пщIэ щыхуащIрэ щахъумэрэ къэгъуэтыгъуейщ.

«Отряд строителей Дома Советов» - арат ОДС-м къикIыр. А унэхэр псынщIэрыщIэу зыхуаухуар ди республикэм и Унэ нэхъыщхьэр яухуэну Урысейм и щIыпIэ куэдым къраша ухуакIуэ IэщIагъэлIхэрт, лэжьыгъэр яухыху абыхэм щыпсэун хуэдэу. Абы лъандэрэ куэдым зихъуэжащ, и пIэм къинауэ итыр уэрам щэху цIыкIумрэ абы тет унэжь зыбжанэмрэщ.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: