Апхуэдэ дуней тетык1эр сыт щыгъуи щапхъэщ

Хьэсэнрэ сэрэ илъэс зыбжанэкIэ телевиденэм дыщызэдэлэжьащ. Ар щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ цIыху зэпIэзэрытт, и псалъэр пэжыгъэкIэ гъэнщIауэ. ЦIыхугъэ, хабзэ, нэмыс дэслъэгъуащ абы. Къуэдзокъуэм хуэдэ ныбжьэгъу уиIэну насыпышхуэт. Ар сытым дежи къэбгъуэтыным къыщымынэу, быдапIэ ину къыпкъуэувэнут, лIыгъэкIэ имыкIуэту, дэIэпыкъуэгъу хъу зэпыту. Хьэсэн и псэр итынт, ныбжьэгъур «имыщэн» папщIэ. Ар сытым дежи узыщыгугъ хъун цIыхуу зэрыщытым къыхэкIыу куэдым ягъэныбжьэгъун яфIэфIт, и цIыхугъэр къыпхуэмылъытэным хуэдэт. Абы и къалэну ибжырт къыдеджахэми, и лэжьэгъухэми, и благъэхэми, и Iыхьлыхэми цIыхугъэ якIэлъызрихьэну, щIэх-щIэхыурэ яIущIэну, махуэ лъапIэхэм деж ехъуэхъуну. А псом къыдэкIуэу, Хьэсэн апхуэдиз дауэ хуэтхрэ жумыIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым и очеркыфI журналым тету щыплъагъукIэ, нэгъуэщI тхыгъэшхуэ газетым къытехуауэ ущеджэкIэ е тхылъ   къыщыдигъэкIк1э. Зэи къэхъуртэкъым тхылъыщIэ къыдэкIамэ, спектакль щIэщыгъуэ театрым игъэувамэ е фильмыщIэ дунейм къытехьамэ, Къуэдзокъуэр щытемытхыхь, и псалъэ шэрыуэ абы щыхужимыIэ, абы и фIагъри и ныкъусаныгъэри гъэхуауэ къыщимыгъэлъагъуэ.

И лэжьыгъэр зыхуей хуэмызауэ Хьэсэн игу загъэртэкъым. Къуэдзокъуэм сыт щыгъуи лъэпкъ зырызым щыщ тхакIуитIым я къалэн игъэзащIэрт. Абы Iэзэу урысыбзэр зэрищIэм и фIыгъэкIэ, адыгэ тхакIуэ куэдым я къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зэридзэкIырти, урысыбзэ зыIурылъ тхылъеджэм и пащхьэ ирилъхьэрт. Ещхьыркъабзэу урыс литературэм и классикэ хъуа тхыгъэ куэд адыгэбзэм  къригъэзагъэрт. Хьэсэн и фIыгъэкIэ  адыгэбзэкIэ къыдэкIа хъуащ Толстой Лев, Чехов Антон, Шукшин Василий, Симонов Константин, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ телъыджэхэр. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым урысыбзэкIэ еджэхэм ди адыгэ тхакIуэхэу IутIыж Борис, Къармокъуэ Мухьэмэд, МафIэдз Сэрэбий, Тхьэгъэзит Зубер сымэ, нэгъуэщI куэдми я тхыгъэхэм Къуэдзокъуэм и фIыщIэкIэ щыгъуазэ зэрызащIыфар.

Къуэдзокъуэ Хьэсэн унагъуэ дахэ иIэт. Куэдрэ къохъу зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зы IэнатIэ пэрытын щафIэмыфI. Абы щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэщ. ИтIани, Хьэсэнрэ Тамарэрэ телевиденэмрэ радиомрэ щызэдэлэжьащ, Тамарэ радиом щырежиссеру, Хьэсэн телевиденэм щыредактор нэхъыщхьэу. ФIыуэ илъагъу и щхьэгъусэм хуитхауэ Хьэсэн иIэт «Уэрэ сэрэ» уэрэдыр. Ар Шумахуэ ХьэзрэIил жиIэу уедэIуэныр куэд и уасэщ, бужэгъункIэ Iэмал зимыIэщ. РадиомкIэ ар щIэх-щIэхыу къыщаткIэ, «Тамарэрэ Хьэсэнрэ я уэрэдыр къат», – жытIэу дедаIуэрт.

Къалэнышхуэ игъэзащIэрт Къуэдзокъуэм. Ар куэдым я тхыгъэхэм хэплъэжын, кино-видео трахари зэригъэзэхуэжын хуей хъурт. ЦIыху гуп игъэлажьэм яку псалъэмакъ къыдэмыкIыу зэригъэзэгъын щхьэкIэ куэд илэжьырт Хьэсэн. ИкIи ар абы къехъулIэрт…

Къуэдзокъуэм езым телепостановкэ куэд игъэувырт, усэ итхырт, и поэмэхэм спектаклхэр къытращIыкIырт.   

Дыгъэм хуэдэу щIалитI зэдапIэщ фIыуэ зэрылъагъу зэщхьэгъусэхэм. Къуэдзокъуэхэ я цIэр фIыкIэ жезыгъэIэ хъуащ ахэр.

ЖЫЛЭТЕЖ Сэлэдин.
Поделиться: