Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ

♦Экологием теухуа щIэныгъэхэм я махуэщ

♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я радиоэлектроннэ дзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ

♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр

♦Босниемрэ Герцеговинэмрэ Республикэм и армэм и махуэщ

♦Ингуш Республикэм и къалащхьэ Магас и махуэщ. КъалащхьэщIэр илъэс 28-рэ ирокъу.

♦Куржым щагъэлъапIэ лъагъуныгъэм и махуэр

♦1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ я дзэхэр Тэрч и деж щызэзэуащ.

♦1795 гъэм Литвар Урысей империем гухьащ.

♦1865 гъэм яукIащ США-м и президент Линкольн Авраам.

♦1929 гъэм СССР-м къыщащтащ цIыхур жьы хъуа нэужь къэралым пенсэ хуигъэувыным теухуа хабзэр.

♦1935 гъэм Испанием и Компартыр къызэрагъэпэщащ.

♦1945 гъэм Британием и дзэхэм хуит къащIыжащ Берген-Бельзен нэмыцэ гъэрэщым исахэр. Зауэ зэманым абы икIуэдащ цIыху мин 50-м щIигъу.

♦1951 гъэм Лондон щекIуэкIащ «Дуней псом щынэхъ дахэ пщащэ» япэ зэпеуэр. Абы хэта хъыджэбз 30-м я нэхъ дахэу къалъытар Швецием щыщ Хааксон Кикит.

♦1452 гъэм къалъхуащ Италием щыщ сурэтыщI щэджащэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, зи IэдакъэщIэкIхэр нобэми цIыхухэм яфIэтелъыджэ Леонардо да Винчи.

♦1684 гъэм къалъхуащ урысей пащтыхь гуащэ, Пётр Езанэм и етIуанэ щхьэгъусэу щыта Екатеринэ Езанэр.

♦1886 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, критик Гумилёв Николай.

♦1912 гъэм къалъхуащ Корее Ищхъэрэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи абы и япэ унафэщI Ким Ир Сен.

♦1921 гъэм къалъхуащ СССР-м и кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, генерал-майор, Совет Союзым и ЛIыхъужь Береговой Георгий.

♦1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ, фильм куэдым сценарийхэр яхуэзытха Стругацкий Борис.

♦1934 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Слъон Лудин.

♦1949 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор-уэрэдус, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Пугачёвэ Аллэ.

♦1960 гъэм къалъхуащ Бельгием и пащтыхь Филипп.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 12 - 13, жэщым градуси 6 - 7 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Уи жьэ ухуэмысакъмэ, уи дыкъынэ кIапсэ щегъэлъадэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ