IэщIагъэм хуэпэжу

ЦIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ узыншагъэр хъумэным илъэс 30 хъуауэ толажьэ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и къудамэ №-3-м и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм еIэзэ дохутыр, педиатр КIуэкIуэ Мадинэ Тэлэдин и пхъур.
- IэщIагъэ схуэхъунум куэдрэ сегупсысакъым. СызэрыцIыкIурэ си щхьэм илъыр дохутыр Iуэхут. АбыкIэ щапхъэ зытесхыни гъуазэ схуэхъуни ди унэм щIэст. Си анэр илъэс 40-кIэ узыфэ зэрыцIалэхэм еIэзэ дохутыру, педиатру лэжьащ. Сэри абы и лъагъуэм срикIуэжащ, - къыщIедзэ псалъэмакъыр Мадинэ. – Узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэр зыщIэлъ сымаджэщым япэу сыщыкIуам си ныбжьыр илъэсищым иту арат. Абдеж щегъэжьауэ си анэм и лэжьапIэм куэдрэ тезгъэзащ, и гъусэхэр зэзгъэцIыхуащ. Медицинэ литературэ щIэх-щIэхыурэ седжэрт, апхуэдэуи сэ къэсщIахэмкIэ сфIэгъэщIэгъуэну си ныбжьэгъухэми садэгуашэрт. Япэ классым сыщыщIэсым плъыжь зэблэдза зытет хъуржын цIыкIур си плIэм илъу, медицинэ дамыгъэр зытет щэкI кIапэр си Iэблэм къешэкIауэ къэскIухьырт. Псоми ящIэрт сэ дохутыр сызэрыхъунур. Сыщылэжьэну сызыхуейри узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщырт.
- Мадинэ, уи IэщIагъэм щыпча япэ лъэбакъуэхэр нобэ сыт хуэдэу уи нэгу къызэрыщIыхьэжыр?
- Абы хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. ЕплIанэ курсыр къызуха нэужь, гъэмахуэ лъэхъэнэм къриубыдэу Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым и процедурэ пэшым лэжьыгъэм и пIалъэм зыщыхэзгъэгъуэзэну мурад сщIат. АрщхьэкIэ шэ щызэрахьэ пщэфIапIэр медсестра хуэныкъуэти, абы сыкIуэн хуей хъуащ. Пщэдджыжь къэс сыхьэти 7-м шэ къэзышэ машинэр къакIуэрт. Литр 50 зэрыхуэ кIэструлышхуитIым шэр кърагъахъуэрт. Абы щыгъуэм сэ килограмм 45-рэ си хьэлъагъыу арат, нобэми къысхуэщIэркъым а кIэструлышхуэхэр къызэресхьэкIыу щытар. Апхуэдэурэ тхьэмахуитI блэкIащ. Махуэ гуэрым шэ къэзышэ машинэмрэ сэрэ дызэблэкIащ: сэ сыкъыкIэрыхуат е ар нэхъ пасэу къэкIуат. Сытми, а пщэдджыжьым шэ диIэтэкъым. Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и деж сыкIуэри, Iуэхур зыIутыр жесIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, шэ щызэрахьэ пщэфIапIэм сызэрыщыIэр ищIэжыртэкъым. «Иджыри къэс абы ущылажьэу ара?» - жиIэри игъэщIагъуэу къызэупщIащ. СыщIэкIуа Iуэхур зэхэкIыжащ, а махуэм зыхуеину шэри къагъуэтащ. Абы щыгъуэм дохутыр нэхъыщхьэм сызэрылажьэм щыхьэт техъуэ тхылъыр къысхузэIуихащ, япэ тхыгъэу «Шэ щызэрахьэ пщэфIапIэм и медсестра» жиIэу иту. Апхуэдэу къежьащ си лэжьыгъэ гъуэгуанэр, ар куэдрэ гуапэу сигу къокIыж. Интернатурэм сабийхэм къайуалIэ узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуа нэужь, дохутыру къэзгъэзэжащ.
- Илъэс 30 хъуауэ IэнатIэм упэрытщ. А зэманым къриубыдэу уи лэжьыгъэкIэ урихьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэ нэхъ уигу къинэжа?
- Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэхэр мащIэкъым, махуэщIэм зы гъэщIэгъуэн гуэр къыдокIуэ. Языныкъуэхэм деж си цIыхугъэхэм яжызоIэ: телевизоркIэ сериалхэм сеплъыркъым, абы къыхэсхыну гухэхъуэ-гухэщIыр си IэщIагъэм къызетри. Псом хуэмыдэу нэхъ сигу къинахэм ящыщ зым и гугъу пхуэсщIыжынщ. Абы щыгъуэм лэжьэн щIэздзагъащIэт. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ипэ къихуэ жэщым си плъырыгъуэу техуащ. Зи ныбжьыр илъэсибгъум ит хъыджэбз цIыкIу тэмакъыдзэ иIэу къытхуашащ. Лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыщIэ медсестрат а жэщым си гъусэр. Сабийм и жьэ кIуэцIым щыжьэдэплъэм абы жиIащ: «Илъэс дапщэ хъуауэ сылажьэми, мыпхуэдэ тэмакъ зэи слъэгъуакъым! Сыт, Мадинэ, тщIэнур, сывороткэр етхьэлIэну?» Сэ сыхэгупсысыхьащ, медицинэ тхылъыр щIэсплъыкIащ. Дифтерием ещхьт, анализхэр дгъэхьэзырри, узыфэм зэрыпэщIэт мастэр хэтлъхьащ. Блыщхьэ махуэр къэсри псалъэмакъ къэхъеящ: «Ар фIэщ щIыгъуейщ, илъэс 30-40 хъуауэ долажьэри, а узыфэм зэи дрихьэлIакъым. Дэ ди республикэм апхуэдэ сымаджэ щыIэкъым», - жаIащ дохутыр нэхъыжьхэм. Сыхэгупсысыхьауэ сыздэщысым баклабораторием къипсэлъыкIри, хъыбар къыдагъэщIащ едгъэхьа анализхэм дифтериер къызэрагъэлъагъуэр. Узыфэр тэмэму къэсхутэу сабийм и чэзум дэIэпыкъуэгъу сызэрыхуэхъуфам хуабжьу сыщыгуфIыкIат. Сыщыуауэ къэзылъыта дохутырхэри иужьым къысщытхъужащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, сабийм и анэр сату IуэхукIэ ди къэралым и къалэ зыбжанэм щыIати, зыщIыпIэ узыр къыщыпкърыхьащ. Езыр сымаджэ хъуакъым, ауэ ипхъури яхэту цIыху зыбжанэ ицIэлат. Ди насыпти, узым зиубгъуну хунэмысу псынщIэу къызэтрагъэувыIауэ щытащ.

Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: