Санэ

Нартхэм ираф фадэ лIэужьыгъуэщ. Нарт эпосым къызэрыхэщымкIэ, санэр хужьу щытащ (санэху), санэплъыр е нэхъ иужькIэ къежьащ (ар эпосым щIагъуэрэ къыхэщыркъым), е санэхум дауэдапщэ мыхьэнэр нэхъ епхауэ щытагъэнщ. Япэ щIыкIэ санэми санэ ефэнми нобэрей фадафэ мыхьэнэр иIакъым. Санэм пщIэшхуэ иIэу, абы ефэныр - санэхуафэр - тхьэхуэIухуэщIэу, тыхь пэлъытэу щытащ.
Япэ щIыкIэ санэ ефэныр тхьэхэм я Iуэхуу щытащ. Илъэсым зэ Iуащхьэмахуэ и щыгум тхьэхэм санэхуафэ щащIырт. Абы щIылъэм щыщу зы нэрыбгэ, я нэхъ лIыгъэ зыхэлъыр, ирагъэблагъэрт. Тхьэхэм абы зы санэхубжьэ хуагъэфащэрт. Апхуэдэ нартым пщIэшхуэ иIэт.
Тхьэхэм я санэхуафэм хэтыну Сосрыкъуэ къыщылъысым, абы санэ жылэр зэрылъ кIадэр Iуащхьэмахуэ къридзыхри, нартхэми санэ къагъэкIыу, санэ ефэу хъуащ.
Языныкъуэ нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, ирикъун хуэдизкIэ щыта санэр къат-къату зэщхьэщожэбзыкI: ищхьэ дыдэм тетыр санэхущ, етIуанэр санэплъщ, ещанэр фадэ фIыцIэщ, и лъабжьэ дыдэр – быркъущ.
Япэр нэхъ мащIэ дыдэщ («фадэ пIащIэ»), ар хьэщIэм я нэхъ лъапIэми ирамытынкIэ мэхъур, зыхуагъэфащэр лIыгъэ ямылей зезыхьаращ («батырыбжьэ»). ЕтIуанэри лъапIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм я фадэщ, пщы Iэнэми къытрахьэну хуагъэфащэ. Ещанэр уэркъхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я фадэщ. ЕплIанэр пщIантIэдэтхэм (лэжьакIуэ, Iэпыдзлъэпыдзхэм) я Iыхьэщ.
Къэбэрдейм иджы санэкIэ зэджэр саней (урыскIэ «смородина»), гъурцым къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэращ. КIахэм санашъхь жыхуаIэр къэбэрдейхэм жызум (виноград) жыхуаIэращ. Абы гугъэ уегъэщI япэм адыгэ псори жызумым санэкIэ еджэу щытауэ, иужькIэ къэбэрдеибзэм абы и пIэ «жызум» тырку псалъэр щиувауэ.
Кавказ къурш лъапэхэм къыщыщIэж псынэпсхэми (минералыпсхэм) санэкIэ еджэу щытагъэнущ. Нартсанэ (Кисловодск) къалэм деж щыIащ псынэ цIэрыIуэ, пщIэшхуэ хуащIу, нартхэр абыдеж тыхь щащIрэ тхьэщелъэIуу. А псынэм цIэ зыбжанэ иIэт, «санэ» псалъэр хэту: Нарт санэ, Санэху, Санэху фадэ.

Поделиться:

Читать также: