Къуалэбзу телъыджэ

ЩIупхъ (вальдшнеп, бжьыхьэджэд) бзу лIэужьыгъуэм Евразием и субарктикэ, абы ищхьэкIэ щыIэ щIыпIэхэм ущыхуозэ. Я нэхъыбэр щIымахуэр къимыхьэ щIыкIэ хуабапIэхэм мэлъэтэж. ЩIупхъыр закъуэныгъэр зыфIэфI, зиущэхуауэ зекIуэ, жэщырыщакIуэ къуалэбзущ.
Нэмыцэбзэм хэт «Waldschnepfe» псалъэм зи цIэр къытехъукIа бзум урысхэм «мэзым щIэс кулик», «крехтун», «березовик», «боровик» хужаIэ.

 УзыщримыхьэлIэр дэнэ?
Евразиер зэрыщыту къатщтэмэ, щIупхъым ущрохьэлIэ Пиреней бгыхэм къыщыщIэдзауэ Хы Хуэмым нэсыху щыIэ мэзхэмрэ мэзылъэ щIыпIэхэмрэ. Ищхъэрэ лъэныкъуэкIэ – Скандинавием, Финляндием, Словец хытIыгухэм, Архангельск областым, Урал шытхым къегъэщIылIа мэзылъэхэм, Енисей, Обь, Лена, Колыма псыежэххэм я Iуфэхэм, ипщэкIэ – Пиреней, Альп, Балкан, Карпат бгыхэм я лъабжьэм, Украинэм и курыхым, Урысейм и щIыгулъ фIыцIэм, Индыл псым и Iуфэхэм, КъухьэпIэ Сыбырым, Алтайм, Монголым и Кентейм лъагапIэхэм, Китайм и Хэйлунцзян щIыпIэм, ди къэралым и къуэкIыпIэ-ипщэ лъэныкъуэкIэ щыIэ Сихотэ-Алинь шытх цIыкIум и лъэныкъуитIми. КъедбжэкIа щIыналъэхэм къищынэмыщIа, зи гугъу тщIы къуалэм ущытеплъэнущ Канар, Азор, Британ, Майдер хытIыгухэми, Японием жыг куэду къыщыкI и щIыпIэхэми.
Атлантикэм и хытIыгухэмрэ КъухьэпIэ Европэм и хыIуфэрыс щIыпIэхэмрэ къыщинэмыщIа, мыдрей хэгъэгухэм щыIэ щIупхъхэр щIымахуэр къихьэным емыжьэу хуабапIэм мэлъэтэж. ЩыIэщ и закъуэу гъуэгу щытехьэжи, тIурытI зэрыгъэхъуу щежьэжи, къуалэбзууихым къыщыщIэдзауэ гуп-гуп зэщIагъэуIуэу лъэтэжхэри. ЩIымахуэр щрех Ипщэ – КъухьэпIэ Европэм, Ищхъэрэ Африкэм, Ираным, Афганистаным, Индием, Цейлоным, Индокитайм хыхьэ къэралхэм. ЩыIэщ щIымахуэр Кърымым, Кавказым, Туркмэным щызыгъакIуэхэри.
И теплъэрэ и хьэл-щэнкIэ
ЩIупхъым сантиметр 33 – 38 и лъагагъщ, езыр Iэпкълъэпкъ пIащIэщ, и пэр хэшауэ кIыхьщ, папцIэщ, жьындум и лъэтэкIэр къыхузэзыгъэпэщ и дамэхэр бгъуфIэ-кIагуэщ, сантиметр 55 - 65-рэ я бгъуагъыу. Бзум и хьэлъагъыр килограмм 2I-м къыщыщIэдзауэ 46-м ноблагъэ. И фэм и нэхъыбапIэр гъуафэщ, и щхьэр ираIа фIэкIа умыщIэну фIыцIафэ-щхъуафэщ, и набдзэ зэхуакур морафэ-фIыцIафэщ. ЩIупхъым и нэхэр пIащэщ, куууэ игъэтIысхьащи, и щхьэр имыгъэкIэрахъуэу икIи и пIэ имыкIыу, ихъуреягъкIэ щыIэр зригъэлъэгъуфынущ.
Вальдшнепыр къуалэбзу мамырщ, щэхурызекIуэщ. И макъым нэхъ зыщригъэIэтыр «псэуэгъу» къыщилъыхъуэрщ. Абдежым а бзум метр 300 хуэдизкIэ упэжыжьэми, и макъ псыгъуэ шэщIар тыншу зэхыбох.
ЩIупхъыр щIыгулъ псыф зиIэ, мамкъутей, дэ, бзумэракIуэфIыцIэ (шыгъалды, черника), енэб къыщыкI мэзхэм щопсэу. Абы фIэфIщ шэдылъэ щIыпIэхэм щыщакIуэрэ хуей нэхухэм япэгъунэгъуу зыщигъэпсэхужыни.
 Ишх и лъэныкъуэкIэ вальдшнепым хьэмбылум пищI щыIэкъым. Абы и щIасэщ хьэпIацIэ зэхуэмыдэхэри – цIывхэр, бэджхэр, лъакъуэбэ зепщыпщэхэри. УдзхэкI шхыныгъуэхэр – зэнтхъыр, нартыхур, нэгъуэщI хьэцэпэцэхэкIхэр мащIэущ зэрызыIуигъахуэр. Абы и хьэрэмкъым хьэндырабгъуэр, елыркъэшыр, нэщIэпкIэр.
Мы къуалэбзум и щэкIуэгъуэр нэхъ зыхуигъазэр дунейр пшагъуэу щыуфамрэ жэщымрэщ. ЩIы щхьэфэ щабэхэм и пэ кIыхьымкIэ тыншу къыхеулъэпхъэщыкIыф хьэмбылухэр. Ипэм хэлъ псантхуэм и фIыгъэкIэ, бзум зэхегъэкIыф щIы щIагъым щыпсэу псэущхьэр зыхуэдэри здэщыIэри. Шхын нэхъ къыщилъыхъуэр къыщилъэтыхь удзыпцIэхэр, хъупIэхэр, губгъуэхэр аращ. Махуэ хъуамэ, къуацэ-чыцэхэм, гъуейхэм захеудыгъуэри хэсщ.
 Гъатхэр къызэрихьэу, хъумрэ бзымрэ зэхуоджэ. Макъ гуакIуэр щIэфииныгъэ кIыхькIэ еухыж. Хъум гъуэгуанэ кIыхь зэпеч – ар къуацэ-чыцэхэми, пабжьэхэми, жыгхэми, къуэкIий нэфхэми щхьэпролъэтыкI. Апхуэдэ щIыкIэущ абы къызэригъуэтыр къыпэплъэу удзыпцIэм хэс и гуэгъур. Мыдрейр, хъум и макъ зэрызэхихыу, поджэж.
ЩIупхъым абгъуэ щищIыр мэзырщ. Нэхъыбэу псейм, уэздыгъейм, пхъэщабэм, пхъэхуейм, енэбхэм я лъабжьэм миллиметр 20-30 и куууагъыу, миллиметри 150-рэ и бгъуагъыу щIыр къыщретхъури, абгъуэ щызэрегъэпэщ. Ар къыхещIыкI пхъэщабэ лъахъцхэм, удзхэм, тхьэмпэхэм. ДжэдыкIэ хэплъыхьауэ 4 егъэтIылъ. Махуэ 22 – 24-кIэ щхьэщыса иужь, накъыгъэм и кIэхэм, мэкъуауэгъуэм и пэхэм шырхэр дунейм къытохьэ, а мазэ дыдэм и кIэхэм–бадзэуэгъуэм и пэхэм шырхэр балигъ мэхъу. ШыщхьэуIум и кIэм–фокIадэм и пэхэм лъэтэкIэ ирагъащIэ, уэс къызэресу псори зэдолъэтэж.
Нобэр къыздэсми нэгъэсауэ къахуэхутакъым щIупхъым и шырхэр зэриIыгъ щIыкIэр, сыту жыпIэмэ, ахэр щихъумэр цIыхухэр здемыкIуэлIэф мэзхэр, къуацэхэр аращи. Вальдшнепым шынагъуэ зэрызыхищIэу, и лъакъуэ цIыкIухэмкIэ щэхуу икIи нэхъ псынщIэу а щIыпIэм къызэрыIукIыным хущIокъу, щIагъуэу зэрымылъэтэфым къыхэкIыу.
 Вальдшнепым и дахагъэм, и хьэл телъыджэм урыс тхакIуэ, усакIуэ куэд тетхыхьащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Тургенев Иван, Чехов Антон, Толстой Лев сымэ, нэгъуэщIхэри. Даль Владимир мы къуалэбзу дахащэм и лIыгъэр ирегъэщхь Сократрэ Брутрэ я щхьэ кърикIуахэм: «Ажалыр къыщыблагъэкIэ, вальдшнепыр лIэныгъэм игъэгызкъым, Сократрэ Брутрэ хуэдэуи, шыIэныгъэ хэлъу, и псэр ет».

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр