Ди шыгъу-пIастэ зэхэлъщ

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъывр зыхуэныкъуэ, къару къезыт ерыскъы-гъуэмылапхъэхэм, шхыным, нэщэнэ куэд пылъщ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ тхьэлъэIу, джэгу, дауэдапщэ сытхэм я къалэнхэр зэфIэхынымкIэ.
ТхьэлъэIухэмрэ джэгухэмрэ къыщаIэт шхыныр щытщ тхьэхэм хуащI тыхьу, тхьэхэм пэблагъэ зэрыхъу Iэмалу. Шхыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм и щыхьэтщ шхэн (ефэн) Iуэхур къаIуатэу псалъэ куэд зэрыщыIэр. ТхьэлъэIу удж, джэгу, шыгъажэ псалъэхэр къокIуэ цIыху зэхыхьэм зэреджэм и зы Iыхьэу: вакIуэихьэж тхьэлъэIу, Щыблэудж, вакIуэихьэж шыгъажэ. Абы ещхьу, псалъэм папщIэ, нартхэр щыджэгу, щызэпеуэ, щешхэ-щефэ дауэдапщэм санэхуафэкIэ йоджэ.
КъыжыIэн хуейщ япэрей дауэдапщэ зэдэшхэн-зэдефэным иджы ешхэ-ефэм къикI фадафэ мыхьэнэр зэримыIар. Ешхэ-ефэр къежьащ тхьэлъэIу шхыну - тхьэм хуащI тыхь лIэужьыгъуэу: адыгэм тыхьу Iэщ щаукIкIэ, и щхьэм махъсымэ тракIэу щытащ.
Нарт санэхуафэри тхьэгъэлъапIэ Iуэхуу щытащ. ЗэрыжытIащи, шхыныр (санэри махъсымэри хэту) тхьэм пэблагъэ зэрыхъу Iэмалт. Шхыным апхуэдэ къалэн щегъэзащIэ нэгъуэщI динхэми. Псалъэм папщIэ, чристэнхэм тхьэм зыщыхуагъэщхъкIэ, шагъыр ираф, щIакхъуэ яшх. ЩIакхъуэмрэ шагъырымрэ Хьисэ бегъымбарым (Иисус Христос) и пкъымрэ и лъымрэ пащIри, ар щашх, щрафкIэ Христос пэблагъэ хъуауэ къалъытэ.
Адыгэм тыхь пэлъытэ шхыну къаIэтхэм ящыщщ дауэдапщэм хуаукIа Iэщым и лыр, пIастэ, хьэлывэ, махъсымэ сытхэр. ТхьэлъэIум къыщаIэта шхынхэм щыщу нэхъыщхьэ дыдэм папщIэ тхьэлъэIупэ жаIэ. Тыхьым и лыр, пIастэр, нэгъуэщI тхьэлъэIу шхынхэр шыгъуншэу яупщэфIрэ мышыууэ яшхыу щытащ. Дауи, тхьэм и пащхьэм кIуэну шхыныр щымыщ хэмылъу щытыпхъэт.
Абы къытекIагъэнщ шапсыгъым я тхьэлъэIу шхыну къабз жыхуиIэ псыхьэлывэм и цIэри. ТхьэлъэIу шхынри ар зи IэрыкI пщафIэри (пшэрыхьакIуэри) миф гурыIуэкIэкIэ «къабзэ дыдэу» щытын хуейт.
ТхьэлъэIу шхыныр, псом япэ, тыхьыр, псоми зыIуагъэхуэн хуейщ, тхьэм пэблагъэ хъууэ абы и нэфI псоми къащыхуэн папщIэ.
Тыхь шхыным щыщу нэхъыжьым (псом хуэмыдэу тыхь зыукIам) нэхъ IыхьэфI лъос, сыту жыпIэмэ, абы тхьэлъэIури шхынри и зэгъэзэхуэнщи, ар тхьэм нэхъ пэблагъэщи.
Шхыныр куэду къыщаIэт, псом хуэмыдэу, гъатхэ тхьэлъэIухэм. ШхынкIэ тхьэр къызэрыдахьэхым къинэмыщIа, цIыхухэр гугъэрт пэрыхьэту гъэр щаублэкIэ, гъэ псори пэрыхьэту кIуэну. Ауэ шхын куэд къаIэтырт, псалъэм папщIэ, бжьыхьэми, Мэрем хуащI тхьэлъэIум. Шхын куэд къаIэт хьэдэIус дауэдапщэми (сэдэкъэми). Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, адыгэм илъэс хьэдэIусым Iэнэхэр хуабжьу яузэдырт. ХьэщIэщым щызэрахьэм къинэмыщIа, пщIантIэм дэзу дэт цIыхухэм яшхынури ирафынури куэду яIэщ: шхын гъущэр щIакIуэкIэ зэрахьэ, махъсымэр чейкIэ щытщ.
Иджырей хьэдэIусым (къурIэнаджэм), лымрэ пIастэмрэ нэмыщIу, щащI хабзэщ хьэлывэ, ху мэжаджэ, хьэлыуэ, щхьэзэгъалъэ (тхьэв гъэжьа, хьэлыуэ дэлъу), джатэ Iэпщэ (тхьэв зэрыдза, гъэжьауэ), шэху (пщэдджыжь шей дефэу лэкъум хъуреишхуэ), къэлътамэ (и кур зэпытхъауэ зэтедзэжа тхьэв хъурей пIащIэшхуэ, дагъэкIэ гъэжьа джэдыкIэрыпщщ), къумакъ соку (хугу гъэлыгъуар шатэпскIэ гъэбэгыжауэ, фо хэлъу). ХьэдэIусым къыщаIэта шхыныгъуэхэр нэхъыбэм яIухуэмэ, лIам и псэми нэхъыбэ лъысу ялъытэ.
ТхьэлъэIум ещхьу, шхынми тет иIэщ. КIахэм абы папщIэ контхьэмат (гуэн тхьэмадэ), коныпщ (гуэныпщ) жаIэ. ДэIэпыкъуэгъухэр и гъусэу шхынтетым шхыныр зэрегъэзахуэ, хэт сыт хуэфащэми лъегъэс. Джэгухэм деж, шхыныр лIыгъэкIэ щыдахкIэ, щадыгъукIэ, шхынтетыр сакъщ, шхыныр яримыгъэхьу, къыпэщIэхуэ псом яримыту. Шхыным (ерыскъым) пщIэ хуэщIыныр, абы «псэ Iуту» къэлъытэныр къызыхэкIри, пасэрей миф гупсысэкIэращ. Адыгэ хабзэм егъэбыдэ шхыным уелъэпауэ зэрымыхъунур, гъавэр щIым щылъми, къэпым илъми, абы утеувэныр, утетIысхьэныр гуэныхьщ. «Ди шыгъу-пIастэ зэхэлъщ» жыхуиIэ псэлъафэм къеIуатэ ерыскъым цIыхухэр Iыхьлыгъэ-благъагъэм хуэдэу зэрызэришалIэр.

 

Поделиться: