Анэбзэм теухуа гурыгъухэр

Псоми зэрытщIэщи, анэдэлъхубзэр пIурылъыныр къыщежьэр унагъуэращ. Дунейм уеплъмэ, зэманым зыдихъуэжурэ макIуэ. Лъэпкъри апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм демыкIумэ, адрей лъэпкъхэм якIэщIыхьэнукъым. Къуажэхэм дыщыдэс лъэхъэнэм, дэ бзэ зэгъэщIэным теухуауэ зы гугъуехьи дыхэтакъым уеблэмэ, нэгъуэщIыбзэ щыIэу дымыщIэу дыкъэхъуащ ди школ кIуэгъуэ хъуху. Зэманыр кIуэурэ цIыхур псэун щхьэкIэ, къалэхэм Iэпхъуэу хуежьащ. ЗдэIэпхъуам и щхьэ къатым тесри, и лъабжьэм щIэсри, къыбгъурысхэри нэгъуэщI лъэпкъыу зэрыщытым къыхэкIкIэ, нэгъуэщIыбзэкIэ упсэлъэн хуей мэхъу. Телевидением адыгэбзэ къызэримытым, школым узэрыщеджэр зэрыхамэбзэм ипкъ иткIэ, уэри абы нэхъ хуэшэрыуэ уохъу ухуейми, ухуэмейми. 
КъищынэмыщIауэ, дэ ди натIэ хъуар арати, дуней псом зэбгрыпхъа дыщыхъуащ, хамэбзэкIэ псалъэ лъэпкъхэм дахэсу. Абы къыхэкIкIэ, адыгитI зэхуэзар зэрызэпсалъэр инджылызыбзэщ, е урысыбзэщ, ИнтернеткIэ зэрызэрыщIэр хамэбзэщ. 
Си анэшхуэм тыркубзэкIэ «къакIуэ» псалъэмрэ «кIуэ» псалъэмрэ зэхимыгъэкIыфу дунейм ехыжащ. Ар щIыжысIэр, абыхэм адыгэбзэ фIэкIа ямыщIэу Тыркум зэрисаращ. Иджы дунейр нэгъуэщI хъуащ. Къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэбгрыкIащи, езыхэр зэхуэзэркъым, нэхъыбэм зэрахьэ бзэр къагъэсэбэп хъуащ. 
Лъэпкъ къэс езым и Iэлыфбей гъэпсыкIэ иIэжщ. Дэ ди лъэпкъ Iэлыфбейр щызэрахьэр хэкуращ, Урысейрщ. Китайм езым и Iэлыфбей иIэжщи, ар зэрегъащIэри бзэр ищIэ мэхъу, хьэрыпыр аращ, дэри ди бзэр зэрызэдгъэщIэнур ди лъэпкъ Iэлыфбейращ, школым зэрыщедгъэджэн хуейр хэкум къыщыдэкI тхылъымрэ ар зэрытха хьэрфыпкъымрэщ. Абы дытемытрэ, хуабжьу дылъэпэрэпэнущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, зы адыгэ псалъэм латин тхыкIэ лIэужьыгъуэу 7 иIэщ. Ар узыгъэлъэпэрэпэнухэм я зы щхьэусыгъуэщ. Аращи, ди Iэлыфбейм дытетыныр сэ нэхъ сфIэкъабылщ. 
ЩIэныгъэлIхэми, университетми, къэралыгъуэми и Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу дытехьэн хуейщ зы тхыбзэм. Мыр зы цIыхум хузэфIэкIынукъым. Хуэм-хуэмурэ телэжьыхьу, тепсэлъыхьу, илъэситху текIуадэми, илъэсипщI ихьми, гъэзэкIуэн хуей Iуэхущ. 
 Бзэр хъума хъунымкIэ, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэнымкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу къызолъытэ, езым и бзэкIэ къыдэкI, лажьэ газет, телевидение, радио иIэныр. Тыркуми къыщыдокI лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр хъума хъунымкIэ тхыгъэ хьэлэмэт куэд къызытехуэ газет. 
 Сэ «Жьынэпс» газетым зы плIанэпэ сиIэу сыщотхэ. Мазэ къэс тIэу къыдокI а газетыр, нэхъыбэу щэнхабзэращ зытепсэлъыхьыр. Сэ адыгэбзэкIи, тыркубзэкIи согъэхьэзыр си тхыгъэхэр. Бзэм, этимологием, щэнхабзэм теухуа тхыгъэхэр къытохуэ. Ди бзэм гуащIэшхуэ иIэщ. 
2009 гъэм Мейкъуапэ щекIуэкIа конференцым сыхэтащ сэ. ЦIыху 26-рэ хуэдиз къыщыпсэлъащ абы, жаIахэри тхылъу къыдэкIыжащ. Сигу хэхъуауэ сыкъэкIуэжащ абы щыгъуэ. Илъэси 126-рэ дэкIат сэ си адэжьхэр хэкум зэримысыжрэ, сэ адыгэбзэм сыхуеджатэкъым, итIани шапсыгъ, къэбэрдей, нэгъуэщI диалектхэри къызгурыIуэу сыщIэсащ абы. Ар сэракъым зи фIыгъэр, бзэм и гуащIэращ зи фIыгъэр. Уи анэдэлъхубзэм зыкъуегъащIэ, зыкъыпхуеIуатэ, зы псалъэм и мыхьэнэ дыдэр умыщIэми, къыбгуроIуэ. 
 

Брам (Куэблэ) Алатин, Тырку Республикэ.
Поделиться: